Datasets:
text
stringlengths 11
353k
| meta
dict |
---|---|
Мыхъц Кэрим
ЗэзыдзэкIар: Агыр Т.
***
Лъагъуныгъэр пасэ дыдэу си тепщэу сихуат и пащхьэ,
СымыщIэт сэ иджыри абы е и цIэ е и щхьэ.
Иджы сцIыхуати и цIэри и щхьэри,
Езыр сиIэжкъым, сыщысщ сохущхьэри.
***
CыщIалэт, стхыт си усэхэр гупсэхуу,
СимыIэ гукъеуэхэр сытIысрэ къэзгупсысу.
КIуащ си щIалэгъуэр, сотх си усэхэр…
СимыIэж гурыфIыгъуэхэр гукIэ къызхуэсхусу.
***
Мис, къохъу апхуэдэ -
Уигу зыгуэрэ къизэрыхьмэ,
Уегъэджэрэзри абы
Ущигъэскъым зы махуэ.
Ауэ уи пащхьэм идеж ар
ИрикIуэу къыщигъуалъхьэкIэ,
Уотыншыжри упоплъэ
НэгъуэщI зыгуэрым.
Мыпхуэду сигум
Къихъуэри лъагъуныгъэр
Къысщыхъут абы сэ
Сыкъимыгъэнэжыну зэи.
Ауэ сигъэджэрэзами куэдрэ
Иджы сатыркIэ илъщ си пащхьэ, арыншэныр.
***
Ди къуажэм сыкъыхоплъэ жыжьэу
КъокIуатэ пшыхьыр, содаIуэ.
Зы уэздыгъэ къыщоблэ къуажапщэмкIэ
Зы уэздыгъэ ищхъэрэмкIэ щыщIонэ.
Зэхукъуэплъхэ фIэкIа зэбгъэдэхьэфкъым
ЗэжыраIэнуIати, мэукIытэ.
Зырызу я зэхуаку къыдэувэурэ
Жэщ уэздыгъэхэр зырызу къыхонэ.
Мис апхуэдэу зэгуэрым, зэман гуэр япэ
Илъэс зы пщыкIубгъу ди япэкIэу пIэрэт?
Уэ укъыщалъхуащ ди къуажэм и къуажапщэм,
Сэ сыщалъхуащ а къуажэм и щхъэрэмкIэ.
Дызэхукъуэплът дызэбгъэдэмыхьэфу
ДигъащIэр, къимыгъэзэжыну блэкIт.
Сыт хуэдиз къыдэувар ди зэхуакум
Дызэрымыгъуэтын щхьэкIэ уэрэ сэрэ.
Дызэхукъуэплът дызыбгъэдэмыхьэфу
Къимыгъэзэжыну блэкIт ди гъащIэр.
Сыт хуэдиз къыдэувар ди зэхуакум
Дызэрымыгъуэтын щхьэкIэ уэрэ сэрэ.
***
Зы гъащIэ закъуэр, сенычыщхьэ закъуэр
Уэс жьыбгъэр къожьэ, щIыIэри Iей мэхъу.
Уримыджэгу, маржэ, уисенычыщхьэ закъуэм
Жьыбгъэм иумгъэгъэукIыфI, жьэгу мафIэ къыхэщIыкI.
УщыхэщэтыкIыр
«Хьэлъэу узгъэщатэр сыт зэм-зэми ухэскIыкIыу, -
щабэу укъызоIусэри, жоIэ, - сыт мыгъуэр къоуз?»
Дауэ бжесIэну, си IэфI! Куэд щIауэ спкъырымыкIыу
Мы си гъащIэр, зэрысщIэжрэ мыувыIэжу къызоуз.
***
Япэу къыщысхуэкIуам си лъагъуныгъэр
Уэ сыпхуэлIэу, сыпхуэлIэу мы сигур гумэщIт
Дыщыпсэуамэ аратэкъэ уэрэ сэрэ
А езы ди уэрамым идей.
Жьыбгъэ куэд къепщакIэщ
Ди къуажэ сыкъыщыдэкIа лъандэрэ.
Нэщхъеибзэу жызоIэ’зэпыт мис иджы:
Дыщыпсэуамэ аратэкъэ уэрэ сэрэ
А езы ди къуажэм идей.
Си чэзу къэсу дунейр щысхъуэжкIэ
Абдежми сыщегупсысыну къыщIэкIынщ зэ:
Дыщыпсэуатэмэ аратэкъэ уэрэ сэрэ
А езы ди дунейм идей.
***
Уэ сыпщыгъупщэжау… щырет апхуэдэу
Дэхьэшхэнщ уэздыгъэ щIэгъэнар махуэ шэджагъуэм.
Зыми зихъуэжынукъым уэ уидежкIэ
Зы махуэ гуэр уигу сыкъэкIыжми сэ.
Зэгуэр сыкъызэрыдэкIыжам согупсысыж уи пщIантIэм
СыкъызэрыдэкIыжам «фIыкIэ» жызмыIэфу.
Апхуэдэу дыкIэрокIыж ди гъащIэми
Псалъэр зэрылейр къыдгурыIуэурэ.
СыкъыщымыкIуэжыххэм
Къыспэплъэу щыта нэхуыщ нурхэр щыIэжкъым
СыкъыщымыкIуэжыххэм.
Ди анэ игъэпщтыра шейри упщIыIужа
СыкъыщымыкIуэжыххэм.
Дыщэ нэпскIэ къегъыха… си кIарцейр, ди гупэм деж
СыкъыщымыкIуэжыххэм.
Бжыхьым тет ди адакъэри къелъэжа
СыкъыщымыкIуэжыххэм.
ЩIехъуымэ уэсым мис си лъагъуэр, лъэужьыр
СыкъыщымыкIуэжыххэм.
«Иджы укъэмыкIуэжыххэ!» жиIа… езыми
СыкъыщымыкIуэжыххэм.
***
Кърухэр къокIуэж
ДыгуфIэжын щхьэкIэ,
ЦIыхухэр къыщIокI
УафэмкIэ плъэну.
ЦIыхухэм ящIэкъым
Къызэрымылъэтэжыр зы къру,
УIэгъэ хьэлъэ гуэр техуэу
Къэгуоурэ зэрылIар.
Кърухэм яхуэдэ къэпсу
Гъуэгу сытетщ игъащIэм.
Зэ сыкъаплъэурэ ди къуажэмкIэ
СыщылIэжмэ зыщIыпIэ сэри.
ЩыпежьэхэкIэрэ
КъэкIуэжам гуфIэгъуэкIэ,
Гу лъатэну пIэрэ
СыкъызэрымыкIуэжам сэ.
Къест уэсыр
Къест уэсыр, къест уэсыр, къест…
«Къызэжьэ» зыхужыпIам деж сыкъеуэ-сынеуэу сыщытт.
Мис кIуа… зы сыхьэт, сыхьэтитI, зы махуэ…
Зы тхьэмахуэ, мазэ ныкъуэ, зы мазэ
Илъэс кIуа… Мис
Мис, икIа илъэсищэри
УкъызэрымыкIуэрат сгъэщIагъуэр
Ауэ нэхъри нэхъ сгъэщIагъуэр
Мы уэсыр зэрымувыIэжрат.
ЕтIуанэ илъэсищэм
Щыхэхьэм си ежьэныр,
Лъэмакъ гуэрэхэр къэIуа
Сынаплъэмэ, - укъокIуэ! –
УзэрыпIащIэм къыхэкIыу
Уи IэлъэщIым къыщIэхуа уи щхьэцым
Налкъут-налмэсу уэсыр хэсу.
«Схуэгъэгъу?!» - жыпIа… Уэ
Укъысхукъуэплъри мо щабэ-щабэу
Къест уэсыр, къест уэсыр, къест…
Къест уэсыр, къест…
| {
"source": "adygabza.ru",
"id": "abhazabaza.txt"
} |
ЗэзыдзэкIар ЩоджэнцIыкIу Алийщ
Мазэ нурыпсым удзыфэ-сырыхуфэу зэщIила тенджыз абрагъуэр Iуфэм щхьэхынэу, жеяуэ, мыхъейуэ адэ жыжьэ щолъагъур. Пшэ пIащIэ хъар джылъ лэдэххэр жахэу, зи дыщэ хъуаскIэ пщIыпщIхэр щIэмыуфа вагъуэхэр, щабэрэ дыжьыныфэу а тенджызым къищу юг уафэ щхъуантIэхэм ар хэкъуэуэжа щIыкIэу жейрт. Хы Iуфэм къытепщхьэ жейбащхъуэ, гузагъэншэу сабыра хы толъкъун пыхухэр щIызэIущащэхэр зэхищIыкIыныр фIэфIу уафэм кIуэ пэтми хым нэхъ лъахъшэу зыкъыхуигъэщхъ къыпфIэщIырт.
Норд-остым къуабэбжьабэ ищIа жыгхэр къызэкIэкIа бгыхэр зэуэ хущIэрыуэжхэурэ уэгу щхъуантIэм нэщI къащхъуэ щытым я щыгухэр хуаIэтырт, абыхэм я къэухь губжьа хъурейм хуабэу икIи гумащIэу юг жэщ кIыфIыр къытеубгъуат.
Бгыхэр пагэу гуращэхэт. Абыхэм къажьыхидз жьауэ фIыцIэр хы пыху Iэтэм и дзакIэм удзыфэу теуэрти ахэр къапхъуатэрт, увыIэгъуэ зимыIэу мамыр щэхугъэр зыкъутэ а Iэуэлъауэ закъуэ мыувыIэжыххэ псы макъымрэ псы тхъурымбэ бауэнымрэ игъэувыIэфын фIэфI щIыкIэу, щэхугъэр зыкъутэу,- щыIэ макъ псори щамыгъэIэн фIэфIи хуэдэу,- мазэм и нурыпс дыжьыныфэ-щIыху-сырыхуфэри абыхэм къахэтыжу бгыщхьэм адэжкIэ абыикI зыщиущэхурт.
«А-ло-хьу ачбэр!..» жиIэурэ кърым мэлыхъуэ лIыжь кIыхьу, зи щхьэ тхъуауэ, юг дыгъэм зэхилыгъуауэ Надыр-Рахьим-Оглы губзыгъэр хуэму мэщатэр. Абырэ сэрэ пшахъуэм дыхэлъу, зибг анэм къыщыжа, нэщхъейуэ, хуэзэхэуфарэ лыцкIэ щIэуфауэ, жьауэкIэ хуэпа мывэшхуэ гуэрым деж дыщылът. Тенджызым и лъэныкъуэмкIэ гъэза абы и джабэм толъкъун псы пыхум удз щабэ лъахъцхэр къырихьэлIэт, ахэр зытрихьа мывэхэр тенджызымрэ бгымрэ зыпызыгъэкI пшахъуэ хьэбзыпэ дыхьэр блын къыпфIэщIырт. Ди мафIэм и бзийм абы бгымкIэ гъэза и лъэныкъуэр къигъэнэхурт. А бзийр зэхэзеуэрти, Iуву, куууэ зэгуэуда куэдхэр зиIэ мывэхэм я зэхуакум ныбжьхэр щызежэт. Рахьимрэ сэрэ иджыпсту дыдэ къэдубыдауэ бдзэжьей догъавэр икIи нэщхъыфIэу, узэпхызыгъэплъыжу псори гъэпсауэ къыпфIощIыр, нур къабзэ дыдэу, тыншу гупсысэн фIэкIа зыри фIэфIыныгъэ щыщымыIэм тIури дыхэтт.
Иджы тенджызыр Iуфэм къохъуапсэ, толъкъунми я макъыр IэфIщ, ди мафIэм абыхэм зыщагъэхуэбэну къыдэлъэIу хуэдэу. Псыпыху пшынауэ къафэ макъым нэхъ хэIэтыкIауэ зыгуэрым зэзэмызи зигъэIурти нэхъ еIуящIафэу къыхэщырт, ар псы пыхум ящыщу нэхъ гушхуэ гуэр ди деж гъунэгъуу къепщылIэрти аращ.
Рахьим и щхьэр тенджызымкIэ гъэзауэ пшахъуэм бгъэкIэ хэлърэ и щхьэр и Iэгум иригъэщIауэ тенджызымкIэ плъэуэ гупсысэм хэту щылът. И мэлыфэ пыIэ къуацэр и щхьэ щIыбымкIэ егъэкIуэтэхауэ хым хьэуаыщIэ къыхихур лэдэх зэлъа цIыкIу защIэу щыт и натIэ лъагэм къыщIихурт. Абы сэ седаIуэрэ семыдаIуэрэ зэхимыгъэкIыу зигъэфилософу тенджызым епсалъэрт.
- ПэжкIэ Тхьэм бгъэдэтыр жэнэтым макIуэ. Тхьэмрэ Бегъымбарымрэ хуэмыжыIэщIэу, хуэмыпщылIыр щэ? Мы хы тхъурымбэм хэтынкIи хъунщ… АтIэ мо тхъурымбэм хищIа нэрынэхэр арынкIи хъунщ, ар хэт ищIэн?
КъарууфIэшхуэу, кIыфIу зэкIэщIэбэтауэ щыт тенджызыр мэлыдыр, мазэм и нур лэдэххэр къызэрыгуэкIыу тенджызым и щIыхьэпIэхэм языныкъуэм тредзэ. А мазэр бгы щхьэщыгу къуацэхэм къыдэсеящи, иджы Iуфэм дыздэщыIэу дыздэщылъ мывэм а мазэр хуэмурэ бауэурэ къыIуощIэр, гупсысэрилэурэ тенджызыр нуркIэ къелэр.
- Рахьим!.. Хъыбар къызжеIэ… - лIыжьым солъэIур.
- Сыт щхьэкIэ! – сыкъыфIэмыIуэху щIыкIэу къызжеIэр.
- Ауэ! Уи шыпсэхэр фIыуэ солъагъур.
- Псори бжесIащ… НэгъуэщI сщIэркъым.
Ар зыхуейр сэ сигъэлъэIуэну аращ. СолъэIур.
- БжесIэнщ уэрэд ухуеймэ! – акъылэгъу мэхъур Рахьим.
- Сэ сфIэфIщ зи гъыбзэ ежьур зэпымууэ зыщIэту, и зэхэлъыкIэ зэмыщхьхэр къыхэщу къаIуэтэж уэрэдыжьхэр зэхэсхыну – абы жеIэ.
1
Мэлыблэр адэ бгы лъагэм допщейри щогъуэлъыр бгъуэнщIагъыу псыIэм, ар хэплъэу тенджызым.
Лъагэу уафэгум щылыдт дыгъэр, а махуэр хуабэти бгыр уафэм щыбауэрт, толъкъунхэр и лъабжьэм щезауэрт мывэжьхэм.
ФIыцIэрэ зиутхыу, псыдзэу къуэм дэжым мывэхэр дэпсалъэу тенджызыжь IущIэным хуэбанэрт…
Тхъурымбэ хужьрэ тхъуауэ, къарууэ, бгыр зэпиупщIри гъуахъуэу тенджызым хэхуащ.
Шыхьауэ мэлыблэр, къуэ кIыфIу зыдэлъым зэгуэудауэ и бгъэгур, лъыхэр кIэрылъу и бзийхэм Соколыр уафэм къохуэхри арыхэу щIылъэм къытохуэ.
Макъ кIэщIкIэ ар кIийуэ, быдэу мывэжьхэм, уIэгъэу и бгъэгум гуузу йоуалIэ.
Ар щIылъэм щытехуэм мэлыблэр къэщтащ, и Iуэхур зыIутыр арыхэуи ищIащ – а бзум и гъащIэу иIэжыр дакъикъэ зытIущу…
- СлIожь, уэ улIэрэ?
- АтIэ, сэ солIэ,-куу дыдэу щатэри Соколым жэуап итащ. – Сыпсэуащ сэ екIуу!.. Сэ фIыуэ сощIэ насыпыр!.. Сэ сызэуащ лIыхъужьу!.. Слъэгъуащ сэ уафэр зыхуэдэр… Апхуэдэу гъунэгъуу ар уэ плъагъункъым… Еууей, тхьэмыщкIэжь мыгъуэ!
- Сыт, атIэ – уафэр? Ар щIыпIэ нэщIщ!.. Сэ дауэ абы сыдэпщеин? Мы щIыпIэр сэркIэ дэгъуащэщ… хуабэщ, икIи псыIэщ!
Мэлыблэр апхуэдэу бзу хуитым ещащ, абы и шыпсэу зыхэтыр дыхьэшхыу ауан ищIащ.
Мыбы хуэдэу гупсысэу абы щIидзащ: «Ухуеймэ лъатэ, уфIэфIми зепщыпщэ, икIэм икIэжым, щIым укIуэжынущ, псори арыхэу къыптещэщэнущ…»
Сокол хуитыр гушхуэри, зиудэу къотэджыр, тIэкIуи и нэм къуэ зэври къызэпеплъыхь.
Къуэр псори мыващхъуэ джафэщи хуэпсыIэщ, бамейхэр къыдихыу гъуэтэмэщ.
И къару псори Соколым зэщIикъуэри, гугъу ехьу, ар занщIэу къэкIиящ:
- Уий, зэзакъуэ нэхъ мыхъуми сыдэкIуеижтэмэ, а уафэм!.. Сэ щIэскъузэнт а бийр… Си бгъэ уIами… езгъэтхьэлэнт ар си лъым!.. Ей… дауэ хъуэпсэгъуэ!..
«Хэт ищIэнт, «уафэм пэж дыдэу ущыпсэуну IэфIынкIи хъунщ, плъагъуркъэ а бзур щIохъуэпсыр!» жиIэу мэлыблэр егупсысащ.
Арти, абы бзу хуитым жыреIэр:
- ТIэкIу нэкIуэтэIуи къуэ Iуфэм адэ и лъабжьэм зедзых. Хэт ищIэн, дамэм уаIэту, уфIэфIхэм уахэту хъужынкIэ хъунщ тIэкIу упсэуж!
НыхущIэрыуэри, Соколыр пагэу кIийри, бгыху Iуфэм ар некIуэлIащ, мывэ джафэжьхэм тецIэнтхъуу.
Зэригъэзахуэри и дамэр бгъэм къызэрихькIэ щэтащ, хъуаскIэхэр и нэм къыщIихыу а бзур джэрэзу ехащ.
Къабзийхэр и дамэхэм хэщэщу, езыри мывэм ещхьыфэу, мывэ джей джафэхэм тоцIантхъуэ, бзийхэр къутауэ лъабжьэм нэсащ…
Лъыуэ кIэрылъыр ныхуигъэкъабзэу толъкъуным ар ипхъуэтащ, тхъурымбэ хужьым ар щIигъэнауэ тенджызым щысабыращ.
Тенджыз толъкъунхэр нэщхъейуэ вууэ мывэм езауэрт… А бзум и хьэдэр мис тенджыз щIыIум щыплъагъуу щыткъым…
2
Мэлыблэр къуэ зэвым дэлъурэ бзу лIэкIэм куэдрэ егупсысащ, уафэм ар щыпсэуну зэрыфIэфIари и гуми къэкIыжыгъащ.
Гухэр, нэхур насыпкIэ зыгъафIэу щыт щIыпIэ жыжьэм ар ныIуплъащ.
«Сыт гъунапкъэншэу мы щIыпIэ нэщIым бзу лIа тхьэмыщкIэм къыщилъэгъуар? Мыбы хуэдэ бзухэм сыт щIафIэфIыр уафэм щылъатэу псэуныр, я псэри абыкIэ гугъу щIырагъэхьыр. Сыт ахэм абы щалъагъур? Зы тIэкIунитIэ нэхъ мыхъуми сэ уафэ слъагъугъатэмэ къэсщIэнкIэт сэ ахэр псори».
ЖиIащ мэлыблэм икIи ищIащ. Хъурейуэ шыхьауэ хьэуам зыхедзэ, лентI псыгъуэм ещхьуи дыгъэм полыд.
Пщыну къалъхуам – лъэтэн лъэкIынукъым!.. Ар ныщыгъупщэри мывэм техуащ, ауэ иукIакъым, дыхьэшхыжащ…
- КъехуэхыжакIэщ ар уафэм – мис аращ лъэтэным и фIыгъэр. Бзу дыхьэшхэнхэр!.. ЩIыр ямыцIыхуу ахэр гугъу ехьу, уафэ нэщIыпIэу лъагэ хуабейм ахэр ныщIокъухэр ныщыпсэуну. Ауэ а щIыпIэр нэщI зэфэзэщщ. Абы нэхунэр щыкуэдщ, пкъы псэухэм папщIэ зы тегъэщIапIи, шхыни а щIыпIэм щыIэкъым. Ар сыт пагагъэ? Сыт а нэрыгъыр? ПсэукIэм ахэр зэремызэгъыр гъащIэм икIуэцIкIэ къызэремыкIухэр, аркъэ абыхэм ныщIауфэнур? Бзу дыхьэшхэнхэ!.. Абы я псалъэхэм сигъэпцIэжынкъым сэ нобэ. Сэ псори сощIэ! Сэ – уафэр слъэгъуащ… Сэ абы сыкъыщылъатэри къэзгъэунэхуащ, узэрехуэхри зэхэсщIыкIащ, ауэ абы сэ сиукIакъым, сэ нэхъыбэ зысцIыхужащ. Ди щIылъэр фIыуэ зымылъагъуфхэм пцIыкIэрэ гъащIэр ныфIырегъэкI. Сэ фIыуэ сощIэ пэжыгъэр. Абы къызжаIэхэр си фIэщ хъужынкъым. ЩIым сыкъилъхуащи – щIым сыщопсэу.
И щхьэм хуэпагэу, мывэм и щIыIум зыщешыхьыжыр.
Тенджыз толъкъуныр губжьауэ Iуфэм къоуалIэ, дыгъэри мэлыдыр пщIыпщIыжу.
Аслъэн гъуахъуэкIэу, тенджызым бзу пагэм уэрэд хуиIэтырт. Толъкъун удынхэм бгыхэр дэхъейхэрт, уэрэд шынагъуэми уафэр дэзджызджырт!
«Щхьэмыгъазэу лIыхъужьхэр – фIыщIэ уэрэдкIэ доIэт!
ЛIыхъужьхэм я щхьэмыгъазэныгъэр арщ гъащIэм Iущагъыу хэлъыр. Уей, лIыхъужь Сокол! Бийм уэ уезауэурэ уи лъыр пщIэкIащ… Ауэ зэман къэкIуэнщи уи лъы ткIуэпс пщтырыр хъуаскIэм ещхьыфэу гъащIэ кIыфIыбзэм къыщылыдынщи, арыхэу, дуней хуитыным щIэбэн хъыжьэхэу зызымыщIэжхэу гуищэ зыщIигъэнэнщ.
УлIауи щырет!.. АрщхьэкIэ сыт щыгъуи лIыхъужь гушхуахэм я гум уилъынщ, абыхэм я усэхэм щапхъэ ущыхъуу хуитыгъэ щIэкъухэм уэ ураджакIуэу дунейм я гъуазэуи укъэнэжынщ!
Щхьэмыгъазэу лIыхъужьхэр, фIыщIэ уэрэдкIэ доIэт!..»
…Опала мывэм ещхьу, хужьыфэ мащIэр къызытеуэ тенджызыр сабырщ, толъкунхэр, уэрэд жаIэу, пшахъуэм къытоуэхэр, сэри сабыру жыжьэу абы сыхоплъэр, мазэ нурым тенджызри псори дыжьыныфэ тхъурымбэу дегъэлъагъур… Ди шыуан цIыкIури хуэмурэ къовэр.
Зы толъкъун гуэр джэгуу Iуфэм зыкъыщыхыфIедзэри Рахьим и щхьэм Iуэулъауэу къытолъадэр.
- Дэнэ укIуэну? .. IукI!.. – абы и Iэр хуегъэдалъэри ар дэIуауэ егъэзэжри тенджызым холъэдэж.
Толъкъуныр зыгъэдаIуэ Рахьим и щIыкIэр си дежкIэ зы тIэкIукIи дыхьэшхэнтэкъым икIи шынагъуэтэкъым. ХъуреягъкIэ нэм Iуидзэ псоми псэ яхэт щIыкIэу щабэу, дахащIэу, гъэщIэгъуэну щытт. Абы хуэдизу тенджызым узыщIишэу сабыру щытми, иджыри махуэ хуэбейми хуэмыгъэупщIыIуа бгыхэм я деж абы щиIэ бауэныгъэщIэм къуигъащIэрт гъунэ зимыIэжу, ину абы къару щэху хэлъыр. Псэр зыгуэркIэ дихьэхыу, акъылыр зы Iуэху гуфIэгъуэ гуэр къэхъуну пигъаплъэу гугъэ къыригъэхьу уафэ щIыху-фIыцIафэр вагъуэхэм дыщэ дыдэхэмкIэ ятхауэ щыт псори сабыр джафэт.
Ауэ сакъыу моуэ иджыпсту къэушынурэ псори къыщылъэтынущ, пшынауэ макъ IэфI хьэлэмэт къэIунущ жыпIэн хуэдизу щытт. А макъхэм дуней щэхум и IуэхукIэ зыгуэр къаIуатэ, ар акъылым къыхуаубзыхурэ, итIанэ мафIэ нэху узызэпхыплъым хуэдэу псэр дихьэхрэ лъэужь щIыху фIыцIафэм трашэу абы вагъуэхэм я нур лэдэх кIэзызхэм махуэ зыпэплъэр къагъэнэхуну хэплъагъуэрт…
| {
"source": "adygabza.ru",
"id": "adr.txt"
} |
ЕЛЕНЭ ДАХЭКIЕЙРЭ БЗЫЛЪХУГЪЭ ПЕЛУАНЫМРЭ
къэбэрдей хъыбарыжь, I889 гь.
I
ЗАНЭ-КЪЭРЭБЭТЫР НЫСАЩIЭ КЪЫЗЭРИШАР
Хы Iуфэм Iут къалэм и пщыр Занэ-къэрэбэтырт. АкъылкIэ губзыгъэрэ къарукIи къыпэлъэщ щымыIэу, Занэ балигъыпIэ иувакIэт, арати, къалэм дэс дадэхэм щIалэм кърагъэшэну мурад ящIащ. Iуэхур езы пщым щыбгъэдалъхьэм, езыри арэзы хъуащ унагъуэ иухуэну, ауэ Iэгъуэблагъэм хуагъэфэщэн къэшэн зэрыщымыIэри наIуэт. Апхуэдэу щыхъум, пщым шым уанэ тралъхьэну унафэ ещI, и Iэщэфащэр зыпщIэхелъхьэри гъунэгъу хэгъэгухэм нысэлъыхъуэ йожьэ.
Зы щIыналъэм щимыгъуэтым, адрейм нэсу, ди щауэм пащтыхь сэрейхэми бгъэныщхьэ унэхэми зыщеплъыхь, щIэупщIакIуэ иригъэжьахэм къахь хъыбархэм йодаIуэ, ауэ и псэр зыкIэрыпщIэн пщащэ къыпэщIэхуэркъым. Иужьым хьэщIэу къыщыхута хэгъэгухэм я зым сэрейм ирагъэблэгъауэ, абы Еленэ и цIэу пщащэ тхьэIухуд къыщыхуозэ.
ТхьэIухудыр къызэрилъагъуу, Занэ и гум лъагъуныгъэ хъуаскIэ иридзат. «УкъыздэкIуэн?» - жиIэу, езы Еленэ щеупщIым, пщащэр арэзы хъуащ. ПIалъэр къосри, нысашэр дах. Я нэчыхьыр зэратхыу, зэрышагъащIэхэр Занэ и пщыгъуэр щрихьэкI къалэм къэкIуэжыну гъуэгу къытоувэ. И щуIэгъэщIэр дэщIыгъуу къалэм къызэрысыжу, щауэм Iыхьлы-благъэхэр къришалIэри пщы сэрейм гуфIэгъуэшхуэ щригъэкIуэкIащ. Зы махуэкIэ йокIуэкI гуфIэгъуэр, етIуанэ махуэри санэхуафэщ. Зэманыр апхуэдизкIэ псынщIэу ежэкIырти, пщымрэ гуащэмрэ гу лъамытэххэу тхьэмахуитI дэкIауэ къыщIэкIащ. А хэгъэгум щызекIуэ хабзэмкIэ, щауэ къэзышагъащIэ къэс нысащIэр ибгынэу илъэскIэ хамэ щIыпIэхэм зекIуэ щыIэн хуейт. Хьэлъэт Занэ и дежкIэ нысащIэм пэIэщIэныр, итIани, лъэпкъым лIэщIыгъуэкIэрэ щызэтеува хабзэхэм ебакъуэ хъунутэкъыми, ибгына нысащIэм хуэзэш зэпыту, къэрэбэтырыр зекIуэ йожьэ.
Мазэ, мазитI хуэдиз дэкIауэ, Истамбыл пэмыжыжьэ щыхьэр къалэ гуэрым къокIри, пщым и къалащхьэм зы дэжыг сондэджэракIуэ къокIуэ. Узримыгъэплъу щIалэ лъагъугъуафIэу къыщIэкIа дэжыгым кхъухьыр хы Iуфэм къыIуихуэри, мы щIыпIэхэм игъащIэм щамылъэгъуа хьэпшыпхэр кърихын щIидзащ: данэхэр, кхъуэщын лъапIэхэр, мывэхэкI щхъуэкIэплъыкIэхэр. И хьэпшыпхэр кърихын иуха нэужь, щIалэр «хэт деж секIуалIэ хъуну пIэрэ» жиIэри, щIэупщIащ. Пщым и унэр щрагъэлъагъум, хьэщIэм абыкIэ иунэтIащ.
Дэжыгыр унэм щIохьэри и хъыбар унэгуащэм ирагъэщIэну мэлъаIуэ. Гуащэм жаIэр щызэхихым, хьэщIэр и унэм щигъэхьэщIэну арэзы мэхъу, мыпхуэдэ жэуапи кърет: «Пэжщ, пщыр къэтщ, ауэ и унэр и пIэ итщи, хьэщIэщыбжэр зэIухащ, къреблагъэ!»
Дэжыг бжьыфIэр унэм къэIэпхъуэри и хьэпшыпхэр къригъэтIылъэкIащи, зэрыкъалэу абы къиша щэкI пIащIэхэмрэ мывэ зэмыфэгъухэмрэ еплъыну къызэрохь. Къалэ псом дэжыгым и дахагъымрэ абы и хьэпшыпхэм я фIагъымрэ фIэкIа Iуэху щаIэжтэкъым. Гуащэми гу лъимытэу щыттэкъым сондэджэр щIалэм и теплъэ гуакIуэмрэ дилъагъу хабзэмрэ. Хуэмурэ гуащэм хьэщIэр и пэшхэм щIишэу, хамэ щIыналъэхэм тригъэпсэлъыхьу, дэуэршэрыну фIэфI мэхъу. Езы сондэджэрри зи закъуэу псэу бзылъхугъэм зэIэпишэрт, зэману къыдэхуэр абы и деж щрихьэкIырти, бзылъхугъэ тхьэIухудым и псалъэ IэфIхэм зэрыдихьэхам гъэщIэгъуэн зыри хэлътэкъым. А тIур кIуэ пэтми нэхъ зэпэгъунэгъу хъум-хъууэрэ, икIэм икIэжым Iуэхур зыхуэмыкIуапхъэм хуэкIуащ.
Илъэс ныкъуэ хъуащ дэжыгыр пщым и унэм зэрыщыхьэщIэрэ. ЗэгуэкIуахэм я дежкIэ зэманыр псынщIэу блолъэт, лIым и къэкIуэжыгъуэр кIуэ пэтми нэхъ гъунэгъу къохъу, фIыуэ зэрылъэгъуа гуащэмрэ дэжыгымрэ зэпэIэщIэ зэрыхъун хуейм ягу къыщIитхъыу йогупсыс. ХьэщIэм Еленэ тхьэ хуеIуэ арыншэу зэрымыпсэуфынумкIэ, модрейми ардыдэрщ игу илъыр. Зэгъусэу къэна зэрыхъуну Iэмалхэм тIури йогупсыс, ауэ хъун хуэдэу зыри ягу къэкIыркъым. ЗэрымыщIэкIэ зэгуэкIуахэм я щхьэ зыхуэмыкIуэм пщы гуащэм и щэху псори зыжриIэ унэIутым и щхьэ хуэкIуащ. Зэгуэр абы хьэщIэм и пIэр хуищIыжырт. Сыт щыгъуи нэжэгужэу щыт хабзэ дэжыгыр зэрихьэлу къыдэмыуэршэру, хэгупсысыхьауэ зэрыщытым гу лъитат унэIутым.
- Сыт, хьэщIэ лъапIэ, ухэзыгъаплъэр, сыт уигу къеуэр? – щIэупщIащ цIыхубзыр.
- Уэ уощIэ сэ гуащэр фIыуэ зэрыслъагъур, ар симыгъусэу сыпсэуфынукъым. Зыгуэру зыкъыщIэгъакъуэ си гуауэм, - къритащ жэуап дэжыгым.
УнэIутыр гупсысэри гузавэу жиIащ:
- Дауэ сэбэп сыпхуэхъун? Сэ пщыр къэкIуэжмэ, сыкъелыну?
- УкъыддэIэпыкъуамэ, дахэ, сиIэ псори уэстынт, щэкI лъапIэхэри мывэ зэмыфэгъухэри.
- Сыт убейкIэ, езы гъащIэм ухэкIыжынумэ?
- Узэрыбейр зы цIыху закъуэм къезгъэщIэнкъым. ПщIантIэм мащэшхуэ къыщезгъэтIынщи, абы хьэпшып псори щызгъэпщкIунщ. ИтIанэ а мащэм икIыу уи унэм кIуэ щIыщIагъ гъуэгу къыпхуезгъэтIынщ. Апхуэдэу зыми гурыщхъуэ къыпхуищIынукъым.
УнэIутыр арэзы мэхъури, гуащэр къыIэщIигъэхьэн папщIэ илъэкI къимыгъэнэну къегъэгугъэ. ТIури Еленэ зэрырахьэжьэну щIыкIэм теухуауэ зэгуроIуэ: дэжыгым, кхъухьым ису, хы Iуфэ къуацэ-чыцэхэм зыщыхигъэпщкIуэнщ. Езы унэIутым абдежым и гуащэм зыщригъэгъэпскIыну къыIуишэнщ. ЗэрымыщIэкIэ хуэза хуэдэу, дэжыгыр къыIухьэнщ, и нэгу зригъэужь хуэдэу иригъэтIысхьэнщи, адрейр езым и Iуэхужщ.
II
ЕЛЕНЭ ЗЭРЫРАХЬЭЖЬАР
ЩызэгурыIуа махуэм унэIутыр бысым гуащэм и гъусэу унэм къыщIэкIащ. Гуащэр бжьэпэ лъагэм къехщ, хы Iуфэм Iухьэщ, и щыгъыныр щигъэхури, псым зыщигъэпскIын щIидзащ. И щIыбкIэ щызэрахьэм химыщIыкIIауэ, абы и гур утIыпщауэ и унэIутым и гъусэу хы Iуфэм къеуалIэ сыджхэм зыщигъафIэрт. НапIэзыпIэм абдеж дыдэм къуафэ псынщIэ цIыкIум ису и псэм и щIасэ дэжыгыр къыщыхутащ. Абы хуэзэну зигу къэмыкIыхха гуащэр апхуэдизкIэ къэуIэбжьати, Iуфэм хуепIэщIэкIын щIидзат, ауэ и гъэфIэныр къебзэрабзэурэ и пIэм иригъэжыхьащ:
- НакIуэ ди нэгу зедгъэужьынщ, си псэм хуэдэ Еленэ, гъунэгъу мэз цIыкIум и жьауэм зыщыдгъэпсэхунщ.
Гуащэр занщIэу арэзы хъури и щIасэм и гъусэу кхъухьым итIысхьащ. Къуафэ псынщIэр жьыбгъэм ирихьэжьауэ хы щIыIу уфафэм тету кIуэрт. Ауэ мэз цIыкIумкIэтэкъым здихьыр, зизычын хьэзыру щыт дэжыгым и кхъухьымкIэт. Абдежщ гуащэм хьэщIэм и мурадыр къыщыгурыIуар. Дакъикъэ зыбжанэкIэ зрилъэфыхьащ: зы лъэныкъуэкIэ, и хэкумрэ фIыуэ илъагъу цIыхухэмрэ ибгынэну игу пыкIыртэкъым, ауэ, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ, дэжыг лъагъугъуафIэми хы жыжьэм къызэригъэгугъэхэми зыхуэмыубыду зыIэпишэрт. Тэлай закъуэкIэ фIэкIа зэмыныкъуэкъужу, гуащэм и щIасэм и IэплIэм зридзащ, кхъухьми къыIэрыхьа хъугъуэфыгъуэр ищтэри хышхуэм техьащ.
УнэIутым илъэгъуат гуащэр зэрырахьэжьар, ауэ зэрызэгурыIуам тету, Iулъхьэ лъапIэр зыкIэщIиупщIэри хы Iуфэм Iут цIыхухэм еджакъым. УеджэкIи къикIынуIатэкъым, кхъухьыр щIэплъыпIэм хэплъагъукI къудейт. Унэм къэкIуэжри, унэIутым гуащэм и пэшхэм зыщIиубыдэжащ. НысащIэр дэнэ щыIэ жаIэу къеупщIым, «игу къыдэжкъыми къыщIэкIыфыркъым» яжриIэрт, апщIондэху сымаджэ нэпцIым къыхуахь шхыныгъуэхэр езым щIигъэмэракIуэрт.
Махуищ дэкIа нэужь, унэIутым и Iэхэр зэфIищIыкIыж, и бгъэм теуIуэ зищIурэ, «гуащэр згъуэтыжкъым», «хьэщIэ къэкIуам и гъусэу хы адрыщI щIэмыпхъуэжауэ си фIэщ хъуркъым» жиIэурэ, кIиин щIидзащ. Абдежырщ Еленэ зэрыщIэпхъуам гу щылъатар. Кхъухьыр зэрежьэжар куэдым ялъэгъуат, ауэ къафIэIуэхуатэкъым. Хы Iуфэ къалэми хэт абы мыхьэнэ щритынт: кхъухь мащIэ махуэ къэс Iуфэм Iухьэ-IукIыу щызекIуэрэт абдежым?!
Къалэдэсхэм гузэвэн щIадзащ. Куэд дэмыкIыу пщыр къэкIуэжынущ. НысащIэр даIэ жиIэмэ, сыт абы жраIэнур? Пщым и щуIэгъэр хуэтхъумэфакъым жаIэурэ, зи щхьэ зыгъэкъуэншэжи къахэкIырт. Япэ щIыкIэ зыми и фIэщ хъуртэкъым я гуащэ пагэр дэжыгым и гъусэу зэрыщIэпхъуэжар. Къалэм и Iэхэлъахэм щыгъуэща хъунщ жаIэрт. Абы къыхэкIыу, гъуохэм ихъуреягъыр къызэхакIухьащ, къуафэхэр адэ-модэкIэ щызэхэзекIуэу, ауэ Еленэ зыми къыхуэгъуэтакъым. ИкIэм икIэжым псоми къагурыIуащ гуащэр щIамыгъуэтыжым и щхьэусыгъуэ дыдэр.
Ауэрэ псори зыпэплъэ махуэр къосри, Занэ-къэрэбэтыр къокIуэж. Пщым хуэпэж цIыхухэм ар кърагъэблэгъэж, и унэ щIашэжри шхын хэплъыхьахэр къыхутрагъэувэ, ирагъафэ, ягъашхэ. Къызэрысыжу, пщым гу лъитат псори зэрынэщхъейм, фIэхъус Iэуэлъауэшхуэ иращIэкIыным и пIэкIэ, псори зэрыхэплъэм. Гузэвэгъуэ гуэр зыхищIэрт, ауэ и гур здеIэ гуащэм и унэ лъэныкъуэм щIэлъэдэну хабзэм хуит къищIыртэкъым. Дыгъэм къухьэжын щIидзат пщым илъэскIэ зыхуэзэша гуащэр зыщIэс пэшым яшэну щылъэIуам. Унафэ ищIа щхьэкIэ, зыми зигъэхъейкъым, псори я нэщхъыр зэхэлъу зэхэтщ. Занэ хуэмышэчыжу аргуэру унафэ ещI и щхьэгъусэм деж яшэну. ПщылIхэм нэхъ хахуэу яхэт гуэрхэр тогушхуэри жаIэ унэгуащэр зэрыбзэхар, здэкIуари зыми зэримыщIэр.
Щыблэ къеуам хуэдэт Занэ-къэрэбэтыр. И гум узыр ириубыдэри, нэщI хъуа унэм щIэмыхьэххэу, занщIэу гъуэгу теувэну мурад ищIащ нысащIэм и лъыхъуакIуэ.
Гуауэм зи плIэр иришэха пщым зыдэмыплъа зы къуэгъэнапIэ къыщигъэна къыщIэкIынтэкъым езым ищIхэм. Ауэ мыхьэнэ иIэтэкъым: зыщIыпIи щигъуэтакъым Еленэу и щхьэгъусэ тхьэIухудыр. ПщIэншэу зэман Iэджи игъэкIуэдауэ, Занэ унэмкIэ иунэтIыжауэ кIуэж пэтрэ, абдежхэм и адэм и атэлыкъыр зэрыщыпсэур игу къэкIыжащ. ЩIэупщIэри, жыхуаIа лъэныкъуэмкIэ и шыр иунэтIащ.
Кърагъэлъэгъуа унэм гъунэгъу щыхуэхъум, ныбжьым къигъэша дадэ жьакIэхур и унэбгъум деж къыщигъуэтащ. IэщIэлъ башым зытригъащIэурэ, дадэр и нэ губзыгъэхэмкIэ щауэ къэблагъэм къеплъырт. ЗанщIэу къицIыхужат абы и гъэсэным и къуэр. Гуапэу пщым къыпежьэщ, и унэм щIригъашэри, езыхэм Алыхьым къарипэса ерыскъым хагъэIэбэну ирагъэблэгъащ щIалэр унэIутхэм. Къэхъуа-къэщIахэм тепсэлъыхьыху, дадэм япэу къыжьэдэкIа псалъэхэм Занэ къыгурагъэIуащ и гуащэр хъыбарыншэу зэрыкIуэдар мы щIыпIэ пхыдзам нэгъунэ къызэрысар. Ар щызэхищIэм, Занэ занщIэу Iуэхум пэрыхьэну мурад ищIри, и Iуэху зыIутыр, гуащэр зыщIыпIи зэрыщимыгъуэтыжыр жриIащ дадэм.
- Уэ пщы губзыгъэу укъызыфIэщIхэр щоуэ, уи акъылыр уи лIыгъэм хуэфащэ къыщIэкIынкъым! – ирешажьэ лIы Iущым и жэуапыр. - Сыт гуащэр уэ пIыгъ хэгъэгухэм къыщIыщыплъыхъуэр? Абы уищIхэм зыщигъэпщкIуфыну? Зэманыр умыгъэкIуэду икIи зумылъэфыхьу, хы адрыщI, хамэ щIыналъэхэм кIуэ. Хъыбар кърахьэкIхэм едаIуэ: цIыхубзыр нэхъ гуакIуэху, тепсэлъыхьри нэхъыбэщ. Илъэс, илъэситI улъыхъуэмэ, къэбгъуэтыжынри Iуэхум хэлъщ!
Дадэр захуэт. Занэ унэм къэкIуэжри гъуэгу зэрытеувэнум зыхуигъэхьэзырын щIидзащ, Еленэ хы щIагъым щIэлъми къигъуэтыжыну игу ирилъхьащ.
III
ЕЛЕНЭ КЪЫЗЭРАЛЪЫХЪУАР
Занэ-къэрэбэтыр кхъухьыр иузэдри хым техьащ. Зы махуэкъым, махуитIкъым ар хым зэрытетар, итIани адрей Iуфэр илъагъуртэкъым. Иужьым, зыкъомыфIрэ псы щIыIум тетауэ, абы жыжьэу къыщыт Iуащхьэхэр къелъагъу. Нэжэгужэ къэхъуат Занэ, хы адрыщI щIыналъэм и щуIэгъэм теухуауэ зыгуэр щызэхихыну щыгугъыу. ЗэсылIэн кхъухьтедзапIэ лъыхъуэ пэтрэ, абы зэуэ езым къыхуэзанщIэу къакIуэ нэгъуэщI кхъухьым гу лъетэ. Бзылъхугъэм хуэдэу лъагъугъуафIэт абы и кхъухьыпщыр. И бгъэгур афэ зэщIэпщIыпщIэм щIихъумэрт, и плIэм шабзэшэхэр зэрылъ шалъэр къыкъуэщырт, и бгым джатэр ищIат, и щхьэм жыр таж щхьэрыгъэсат. Езы Занэ афэджанэ щыгърэ зэрыпщыр къэзыгъэлъагъуэ дамыгъэр и бгъэгум илъу кхъухьым итт. А дамыгъэмкIэ къищIащ къыхуэза щIалэм Занэ зэрыпщыр. Арати, езыр кхъухьым къикIщ, кхъуафэм ипкIэри, зэрэ-тIэурэ хьэкхъуафэр зэрыщIитхъуу, Занэ-къэрэбэтыр и кхъухьым деж къыщыхутащ. ФIэхъус-сэламыр зэфIэкIа нэужь, щIалэр Занэм къоупщI:
- Дэнэ укIуэрэ, пщы?
- Си нэр здэплъэмкIэ сокIуэ.
- АтIэ сыту гъусэ уимыIэрэ? Гъуэгуанэм и гугъуехьхэр къыбдигуэшыну, хъыбар къыбжиIэурэ гъуэгум пкIэлъей пхуридзыну? Ухуеймэ, ныбжьэгъу сыпхуэхъунщ.
Пщыр гуфIэжу арэзы хъури, и ныбжьэгъущIэр и гъусэу Iуфэ гъунэгъум есылIащ.
Хы Iуфэм деж щикIа нэужь, абыхэм Iуфэм пэмыжыжьэу щыт къалэм и блын хужьыфэхэр къалъагъу. Абы хуаунэтIри, зыри къыпэрымыуэу зэныбжьэгъуитIыр къалэ куэбжэхэм дохьэ. Къалэм дыхьа нэужь, щIалитIым япэу къахуэза уэрамдэкIым и ижьырабгъумкIэ дадзых, ауэ япэ унэм щIэмыхьэу, къыкIэлъыкIуэм Iуохьэ. МащIэу загъэпсэхужа нэужь, пщым и гъусэм жриIащ къыщIежьа щхьэусыгъуэр.
- Дэжыгым сфIрихьэжьа си щуIэгъэр къызолъыхъуэ, - жиIащ абы. - Мыбы щызмыгъуэтмэ, адрей хэгъэгухэм сыкIуэнущ, зэрыдунейуэ къэскIухьа папщIэ.
- Сыт хуэдэ щIыкIэу нысащIэр къэбгъуэтыжыну узэрыщыгугъыр?
- Сызыхуэзэу хъуам сеупщIурэ, зыгуэрым зыгуэр къызжиIэнкIи хъунщ.
- Апхуэдэу зыри къэпщIэнукъым! ПщIэнуращ: факъырэу зыхуапэ. Щыгъыныжь пщыгъмэ, факъырэIус къыхэпх хуэдэурэ, зыри зыщIамыгъэхьэ пэшхэм ущIагъэхьэнущ. Факъырэхэм зыри щыукIытэркъым. ЩIэмыупщIэххэу, факъырэм щэху нэхъ бзыщIа дыдэхэри къыхуэщIэнущ.
Занэ игу ирихьат щIалэм и чэнджэщри, зэрыхъукIэ нэхъ псынщIэу и щыгъыныр ихъуэжыну мурад ищIащ. И гъусэ щIалэм щIыпIэр куэд щIауэ зэрицIыхур плъагъурт. Ар къалэм дыхьэри, хъуржынитI къыхуищэхуащ, щыгъыныжьрэ хьэхэм зэреуэн башрэ хузэригъэпэщащ. Куэд дэмыкIыуи, щауэ бжьыфIэм и пIэкIэ, зи плIэр къэгъэша, зи Iэр шия факъырэ утыкум къиуващ.
КъыщыувыIа хьэщIэщым къыщIэкIри, пщым абдеж дыдэм къыщылъ япэ уэрамдэкIым деж къыщыщIидзащ. Езэш имыIэу пщым дурэш-плIэрэшхэм нэгъунэ зыщиплъыхьырт, сэреишхуэхэми пщыIэ лъахъшэхэми щIэплъэрт, зыхуейр къищIэн щхьэкIэ. Гурыщхъуэ къыхуамыщIын папщIэ, къыхуашийхэр зэм зы хъуржыным, зэм адрейм ирилъхьэрт.
Зы унэ къигъэна къыщIэкIынтэкъым ди факъырэм. Зы нэплъэгъуэ и нэ жанхэм яIэщIэмыкIа хуэдэт. ИтIани зыри игъуэтакъым. Игу фIэкIуэдауэ, езыри нэщхъейуэ ар къыпэплъэ и гъусэм деж къекIуэлIэжащ.
- Къэбгъуэта зыгуэр?
- ЗыщIыпIи щызгъуэткъым, зы унэ сыщIэмыплъэу къэзгъэнакъым.
- Мы дызытес уэрамым тет сэреишхуэми ущIэплъа?
КъызэрыщIэкIымкIэ, абы щIэплъатэкъым. Зримылъэфыхьу, ди факъырэм къэрэкъэшым ещхьу зыкъигъэшри и башымкэ теуIуэу уэрамымкIэ еджэдэхащ. Куэбжэм бгъэдыхьащи, сыщIэвгъэхьэ жеIэри мэлъаIуэ. ХъумакIуэхэм зыри къыжрамыIэу благъэкI. И Iэр шияуэ пэшхэр къызэхекIухь. Псоми хьэлэлу зыгуэр кърат. Езыри хахуэу сэрейм и етIуанэ къатым докIуейри узримыгъэплъу къищIыкIарэ хъугъуэфIыгъуэм щIигъанэ пэшым тахътэм зыщизыгъэщIеикIа, пщылIхэм унафэ яхуэзыщI и унэгуащэр къыщелъагъу. Сыт хуэдизу къэуIэбжьат пщыр сэрейм щIэс гуащэ дахащэр зэры-Еленэр къыщицIыхужам! Езы Елени къицIыхужат пщыр. Ауэ къыщыгуфIыкIакъым ар и лIым: губжьауэ и нитIыр къицIыщхъукIащ. МакъышхуэкIэ пщылIхэм къеджэри, факъырэ бампIэгъуэр дахужыну унафэ яхуищIащ, уеблэмэ езыри жыхапхъэкIэ къыкIэлъыуащ.
Зи напэр текIа факъырэр сэрейм къыщIахужри куэбжэмкIэ къыдахуж. И щхьэр къыфIэхуауэ, ар и гъусэм деж йокIуэлIэжри жреIэж Еленэ къызэригъуэтыжари абы зыкъызэрыхуищIари.
- Сыт иджы сщIэнур, си гъусэ? Гупсысэ, уэ зыгуэр къыпхуэгупсысынущ, - зи гур кIуэда Занэ мэлъаIуэ.
- Уи теплъэр хъуэж. Иджы Еленэ Iэщэр пIэщIэлъу зыIэрыбгъэхьэжын хуейуэ аращ.
IV
ЕЛЕНЭ ЗЭРЫЗЭПАУБЫДАР
Гъусэм и жэрдэм хахуэм Занэ-къэрэбэтыр игу хахуэр къыпэджэжащ. Факъырэм и напэ фIейр итхьэщIыжщ, щыгъыныжьыр зыщидзри, и пкъыр ишэщIыжат. ДакъикъитI дэкIатэкъым лIыжь къэгъэшар афэ джанэ зыщыгъ щауэ къудан щыхъужам, таж щхьэрыгърэ джатэ IэщIэлъу.
- Иджы зэман щIэдгъэкIуэдын щыIэкъым, - хуабжьу жиIащ гъусэм, - Iэщэр пIэщIэлъу Еленэ къаIэщIэх, сэ хъумакIуэхэр къобгъэрыкIуэ хъумэ, уащысхъумэнщ. ДыкъимыкIуэту къаIэщIэтхын хуейуэ аращ: е ар нобэ къытIэрохьэж, е мыбдежым ди щхьэ щыдогъэтIылъ.
АбыкIэ здэарэзыуэ, щауэ щэджащитIри куэбжэм зэрыдохьэ. Плъыр къэуIэбжьахэм зыкъащIэжыну хунэсакъым. Къэрэбэтыр дэкIуеипIэмкIэ жыджэру дэжеящ, апщIондэху и гъусэр и лъабжьэм къыщIэнащ. Занэм и Iэ лъэщымкIэ къыпэува зауэлIхэр иреуд, зэ уэгъуэм щыр хигъащIэу дэкIуеипIэм къреутIыпщхьэх, ицIыху пэшым щIолъадэ, зи псэ IукIа Еленэ къепхъуатэри хьэлъэ лъапIэр IэщIэлъу куэбжэпэмкIэ еунэтI. ЗыкъэзыщIэжа цIыхухэр лъэныкъуэ псомкIи щауэ хахуэхэм къакIэлъожэ, арщхьэкIэ щэджащитIым ягу кIуэдкъым. Iэ сэмэгумкIэ Еленэ иIыгъщ, Iэ ижьымкIэ къебгъэрыкIуэ бийхэм йозауэ къэрэбэтырыр, апщIондэху и гъусэм ижьымкIи сэмэгумкIи и ныбжьэгъум иужь къиувэ псоми яхолъэщыхь. Апхуэдэ щIыкIэу ди пелуанитIым пшэм ещхьу къателъалъэ шэхэми, щэ бжыгъэкIэ къакIэлъыпхъэр бийхэм щхьэкIи къамыгъанэу, хуэмурэ кхъухьыр къащыпэплъэ хы IуфэмкIэ яунэтI. Хъарзынэу кхъухьым носыжхэри псынщIэу хым техьэну унафэ ящI. Жьы махуэ къыкъуэуам и фIыгъэкIэ, кхъухьыр псым дэгъуэу есырт. Кхъухь кIуэцIым зэритым хуэдэу, шэхэр къызыкIэлъаутIыпщурэ, зэныбжьэгъу пелуанхэр зэшэзэпIэ къызыхуагъакIуэ бийхэм иджыри зыкъомрэ къахэуэри яIэщIэкIащ.
V
ЕЛЕНЭ И КIУЭДЫКIАР
Хы щIыIум тетщ Занэ, лъыкIпсыкIым къыхихыжа Еленэ къыдэщIыгъуу, и гъусэри къыбгъурытщ. Махуэ зыбжанэ дэкIа нэужь, гъуэгурыкIуэхэр я хэкум пэгъунэгъу къэхъужахэщ. Къалэр жыжьэу къалъэгъуа нэужь, Занэ и гъусэм зыхуигъэзащ:
- Мис, Iуфэм дынэсыжыным зы мащIэщ къэнэжар. Си деж унеблагъэу хьэщIэ усхуэхъуну сыпщогугъ. КъысхуэпщIа Iуэхутхьэбзэм папщIэ зэрыпхуэфэщэнкIэ узгъэфIэжыну сыхуейт.
- Уи деж сынеблэгъэнукъым: згъэIэпхъуэ мыхъун Iуэху блэкI сиIэщи, сымыкIуэжу хъунукъым. СыбгъэфIэжыну ухуеймэ, кхъуентхъым и ныкъуэр къызэти зэфIэкIащ.
- Сыт ар щIызэхуэдгуэшынур? Зэрыщыту узот гуащэр, сэ абы армырами сыдэпсэужыфынукъым.
- Хьэуэ, ныкъуэ-ныкъуэ зэхуэтщIынщ!
Ар жиIэри, щауэ гъусэм и джатэмкIэ Еленэ еуэри тIууэ зэгуиупщIыкIащ. Зы лъэныкъуэмкIэ щхьэр зыфIэт и бгъэгур ехуэхащ, адреймкIэ – и пкъым къыхэнэжа адрей Iыхьэр.
Зэ Iуплъэгъуэм Занэр илъагъу хьэдэгъуэдахэм игъэщтат. Апхуэдэу Iуэхур иухыну и пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым абы. ИтIани, фIыуэ илъэгъуу щыта цIыхубзыр гуузу зэрыкIуэдыжар илъэгъуа щхьэкIэ, игу щIэгъуакъым, апхуэдизкIэ къызэрепцIыжар и гум еуати. Макъ зэпIэзэрыткIэ Занэ жиIащ:
- Сэ Еленэ и щхьэр къэсщтэнщ. Си къалэм сызэрынэсыжу цIыхухэм езгъэлъагъунщ ар. Псоми ирыращIэ я пщыр IэнэщIу къызэрымыкIуэжари, лIым епцIыжа бзылъхугъэм хуэфащэр къызэрыщыщIари.
Ар зэхэзыха и гъусэм Еленэ ипкъ къэнар къищтэри хым хидзащ. И кхъухьым итIысхьэж пэтрэ, пщым къыжреIэ:
- Узыншэу, Занэ! Пэжщ, Еленэ ухэкIыжащ, ауэ ар къопцIыжат икIи зэи укъэзыгъэпэжын щхьэгъусэ пхуэхъунутэкъым. Утезгъэун папщIэ бжызоIэ Бэрэгъунхэ зэшиблым шыпхъу зэраIэр. Мис ар гъащIэ гъусэфI пхуэхъунущ!
VI
БЭРЭГЪУН ЗЭКЪУЭШХЭМ Я ШЫПХЪУР
Унэм къызэрысыжу, Занэ псоми яжриIэжащ Еленэ зэрыхэкIуэда щIыкIэр. И щхьэр цIыхубэм ирагъэлъагъуну унафэ ищIащ. КъыщыщIар игу тригъахуэри, абы щIэрыщIэу гъуэгу теувэну зиузэдащ Бэрэгъун зэшхэм я шыпхъур къигъуэтын папщIэ. Ахэр къыщимылъыхъуа хэгъэгу къигъэна къыщIэкIынтэкъым Занэ. ЩIы щхьэфэм къызэрыщимыгъуэтынур и фIэщ хъуа нэужь, къэрэбэтырыр кхъухьым итIысхьэри хы псоми я щIыIу щылъыхъуэн щIидзащ. Тенджыз ФIыцIэр зэпиупщIри къызэпиупщIыжащ, абы иужь Хыкурытым техьэну мурад ищIащ. Абы тенджыз тIуащIэ гуэр иIэти, йоуэри абы йосылIэ щIалэр. Iуфэм щокIри, щIоупщIэ, ярэби, мыбы Бэрэгъунхэ зэшиблыр щымыпсэууэ пIэрэ жеIэри. Пэжу, ахэр щыпсэут а тIуащIэм. Арати, Занэ шым мэшэсри нэхъ гъунэгъуу щылъ къалэм еунэтI. Къалэ куэбжэм зэрыдыхьэу, япэу къыхуэзам йоупщI, дэнэ Бэрэгъун зэшхэр къыщызгъуэтынур, жеIэри. Сэрейр ирагъэлъагъу. Пщыр куэбжэм бгъэдохьэри тоуIуэ. Дашэри пщы сэрейм щIашэ. Зэкъуэшхэр гуапэ дыдэу къыIущIат пщым. Абыхэм ящIэтэкъым ар хэтми, дэнэ къикIами, ауэ и бгъэгум илъ дамыгъэмкIэ зэрыпщыр къагурыIуат.
Пщыхьэщхьэшхэ нэужьым, Занэ пIэ щабэм хагъэгъуалъхьэ. Пщэдджыжьым зэкъуэшхэм къэт къахэмыкIыу, я хэгъэгум зэрыщыхабзэу, Занэ ягъэхьэщIэ. Абы иужьщ хэт ухъуну, дэнэ укъикIрэ жаIэу къыщеупщIар. Пщым яжриIащ езыр зэры-къэрэбатыр Занэр, я шыпхъум лъыхъун и мураду къызэрыкIуар. Ар зэхаха нэужь, зэкъуэшихым жэуап кърамыту нэщхъейуэ я щхьэхэр ирахьэхащ. НэхъыщIэр нэжэгужэу Занэ къеплъщ, тэлай дигъэкIри, и къуэш нэхъыжьхэм гукъанэ пылъу захуигъэзащ:
- Сыт зыри щIыжывмыIэр, къуэшхэ? ХьэщIэр фи жэуапым йожьэ.
Абдежым къуэшхэм я нэхъыжьым, зэрымынэжэгужэр плъагъуу, псэлъэну мурад ищIащ:
- Ди шыпхъум пелуан къару бгъэдэлъщ. Ар пагэ къудейкъым, гущIэгъуншэщ. Дэ тщыщу зыри тегушхуэу жриIэфынукъым абы узэрылъыхъур, мышынэуи и унэм и бжэщхьэIу ебэкъуэфынукъым!
Ар зэхэзыха шы нэхъыщIэм жиIащ:
- СыхэкIуэда папщIэ, ди хьэщIэ лъапIэм зыхуейр хуэсщIэнущ! Иджыпсту сыкIуэнщи жесIэнщ сэ абы лъыхъу къызэрыхуэкIуар!
Ар жеIэри Бэрэгъунхэ я нэхъыщIэр щIокI. Занэ абы кIэлъыкIиящ: «Слъагъуну сызэрыхуейр схужеIэ закъуэ уи шыпхъум, сэ езым Iэрызгъэхьэжынщ си лъэIур!
Бэрэгъунхэ я нэхъыщIэр и шыпхъум деж щIыхьэри хахуэу жриIащ:
- Дыгъуасэ лъандэрэ, ди шыпхъу, Занэ-къэрэбэтыр ди деж щохьэщIэ, укъилъагъуну хуейщ. Сыт уи жэуап?
- Пщыр къыщIрехьэ, - къритащ жэуап Бэрэгъунхэ я пхъум.
Бэрэгъунхэ я щIалэ нэхъыщIэр гуфIащэри шэ цIывам ещхьу Занэ деж лъэтащ. ГуфIэр и нэгум кърихыу, абы и шыпхъум и унафэр лъигъэIэсащ щауэм. Шы нэхъыжьхэми я гуапэ дыдэ хъуат и пелуан къарумрэ и хьэл пхъашэмрэ щыщтэу зыри къылъыхъуну къезымыкуф я шыпхъу пагэр нэхъ щабэ зэрыхъуаифэр.
Занэ напIэзыпIэм зигъэхьэзырри гуащэ пагэм и лэгъунэм иунэтIащ. Занэ къызэрыщIыхьэу, Бэрэгъунхэ япхъу игъащIэм зыми къыхуэмытэджар, зыри тегушхуэу зыбгъэдэмыхьэфар, зэрыс тахътэм къиувыкIри, Занэ гъунэгъуу бгъэдыхьа нэужь, и Iэ нэгъунэ къыхуишиящ. ЩIалэр абы къигъэгушхуэри жиIащ:
- Нэр зыгъэджыл уи дахагъэм и хъыбар зэхэсхати, гуащэ, си Iэмрэ си псэмрэ пIэщIэслъхьэну сыкъыпхуэкIуащ. Щхьэгъусэ усхуэхъун?
Зы псалъи жимыIэу, гуащэм и щIыб къигъэзащ. Апхуэдэу щыхъум, Занэ аргуэру и лъэIум къытрегъазэ. Аргуэру зыри жиIакъым гуащэм, нэхъри нэхъ зигъэза фIэкIа. Къэрэбэтырыр ещанэу щыпсалъэм, гуащэ пагэм псынщIэрыпсалъэу жиIащ:
- ПсомкIи сыарэзыщ.
- Зыхуей жэуапыр зэрызэхихыу, Занэ зэрыгуфIэр хуэмыбзыщIу гуащэм и лэгъунэм къыщIэжыжащ. Зэкъуэшхэр къыпэплъэу пщIантIэм дэтти, я шыпхъур зэрыдэкIуэр зэрызэхахыу, цIыхубэм хъыбарыфIыр хагъэIуэну унафэ ящIащ. Псэлъыхъухэр бгъэдыхьэну зыщышынэ я шыпхъу пагэр, плъагъурэ, нэхъ щабэ къэхъури Занэ-къарэбэтыр дэкIуэну арэзы хъуат.
VII
НЫСАШЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР
Нысашэр щащIыну махуэр траухуэ. А махуэм ирихьэлIэу, зэкъуэшиблым щыщу дэтхэнэ зыми зыв, зы жэм, зы мэл яукIын хуейт. Къуажи-жыли зэлъищIысу яIэта гуфIэгъуэшхуэм цIыхуу кърихьэлIар къыпхуэмыбжынт.
Еуэри, нысашэм и курыкупсэм къакIуэри уэрэдгъэIу къахэтIысхьащ. Iэпэпшынэр къищтауэ, джэгуакIуэм и лъэпкъым теухуа уэрэдыжь къыхедзэ, псори абы я тхьэкIумэр тегъэхуауэ йодаIуэ. ИтIанэ уэрэдгъэIум и Iэпэхэр пшынэм трилъхьэри, хы адрыщIым къикIа дэжыгым пщышхуэм и лъэгъунэм и щуIэгъэ тхьэIухудыр щIихыу зэрырихьэжьам теухуа уэрэд къыхидзащ.
Занэ занщIэу къыгурыIуат а уэрэдыр зытеухуар хэтми, ауэ ар зэкъуэшхэми уэрэдгъэIуми ящIэртэкъым. ЩIалэ къэнэщхъеям и щхьэр къыфIэхури, и нэм нэпсхэр къытелъэдат. Уэрэдым хьэщIэр зэригъэнэщхъейм гу лъата нэужь, зэкъуэшхэр джэгуакIуэм елъэIуащ нэгъуэщI уэрэд къыхидзэну.
Аргуэру пшынэ Iэпэхэм и Iэр трелъхьэри, джэгуакIуэм уэрэд къыхедзэ, Еленэ и зэранкIэ лъыуэ ягъэжар зыхуэдизым тепсэлъыхьу, абы къигъэпцIа и щхьэгъусэм Iэщэр IэщIэлъу ар зыIэригъэхьэжыну зэрыхуежьам и гугъу ищIу. Нэхъ лъахъшэжу ирехьэх Занэ и щхьэр. Абы игу хигъэщIырт и щхьэ кърикIуар джэгуакIуэхэм я деж зэрынэсар.
УэрэдыщIэми къэрэбэтырыр зэригъэнэщхъейм гу зэрылъатэу, бысым гумащIэхэм я хэгъэгум зэрыщыхабзэм хуэдэу, абы джэгурэ зэхьэзэхуэкIэ я нэгу зрагъэужьыну гупыж ящIащ. МащIэу къэжэна хьэщIэхэр зэрызехьэу пщIантIэшхуэм зэрохь. ЗэрызэгурыIуам тету, щIалэгъуалэм зэпеуэхэр яублэри, я щIалэгъуэ лIыгъэр къагъэлъэгъуэн щIадзэ: хэт IэштIымкIэ мэзауэ, хэт хьэлъэ къеIэт, хэти я лъэм и жанагъыр къагъэлъагъуэу къызэдожэ. Абы и ужьым иту, шабзэкIэ нэщанэм еуэн щIадзэ. Иужьрейуэ, хэт мывэр нэхъ жыжьэ имыдзрэ жаIэри зэпоуэ. Занэ псоми щыму еплъырт, зы псалъи жимыIэу. Абы гу лъатэри, хьэщIэхэм зыкъыхуагъэзащ:
- Ди хьэщIэ лъапIэ! Ди джэгукIэхэм ухэтын бдакъым. Иджы мис, мывэ зэдыдодзри, дынолъэIу уи Iэрыхуагъыр здынэсыр дыбгъэлъэгъуну.
Гупсысэм къыхэкIри, Занэ пIащIэу жэуап итащ:
- ХьэщIэхэм я гукъыдэжым дауэ сыпэущIэувэн? Сыхьэзырщ мывэ дзынкIэ си зэфIэкI здынэсыр къэзгъэлъэгъуэну.
Ахэр жиIэри, Занэ-къэрэбэтыр щIым щылъ мывэшхуэр къищтэщ, зыкъишэщIри, зэпеуахэм щыщу нэхъ IэкIуэлъакIуэ дыдэм здидзам нэхърэ щыкIэ нэхъ жыжьэу идзащ.
Псоми я жьэр иубыдат, къэуIэбжьарэ я пIэм ижыхьауэ. МащIэу зыкъащIэжа нэужь, зыр адрейм пеуэу абыхэм Занэ и пелуан къарур зыхуагъэщIэгъуэжын щIадзащ.
- ИлъэсищэкIэ зыдгъасэу щытми, зэи дыплъэщIыхьэнукъым дэ!
Апхуэдэ щIыкIэу нысашэ нэгузыужьыр иухащ. ХьэщIэхэр зэбгрыкIыжа нэужь, Занэ-къэрэбэтыр и къарум фIэкIа зыми щытепсэлъыхьыжтэкъым къалэм. Уафэм вагъуэхэр къытрикIутэри кIыфIыбзэ хъуакIэт Занэ и щуIэгъэщIэм деж щыщIашам.
VIII
БЭРЭГЪУНХЭ Я ПХЪУМ И ЖЭЩ ЗЭХЭЗЕКIУЭХЭР
ЖэщыкуфI хъуат. Занэ и щуIэгъэр зыгуэрым зэригъэпIейтейм гу лъитауэ, жейм езэгъыртэкъым. Абы и щхьэусыгъуэр къищIэн папщIэ, щауэм жей нэпцI зищIри хуабжьу пырхъын щIидзащ. ИтIанэми, и нэр къытримыгъэкIыу и щхьэгъусэм кIэлъыплъырт. ЩIалэм зэригъэщIэгъуэныр имыщIэу, нысащIэр мэтэджри шэху уэздыгъэ иIыгъыу лэгъунэм къыбгъэдэт хьэщIэщым щIохьэ. Занэ и нэхэр абы кIэлъокIуатэ. ХьэщIэщым щIэт пхъуантэр къызэтрех, абы афэджанэ, жыр таж, джатэрэ шабзэрэ къыдехри, псори зыпщIэхелъхьэ, таж лъабжьэм и щхьэц дыщафэ ухуэнар щIегъапщкIуэ. Занэ къэуIэбжьам и пащхьэ Iэпкълъэпкъ зэпэщ зиIэ щауэ къиуват. ЗэщIэузэдауэ ар унэм щIокI, шэщым макIуэ, и шыр къыщIеш, уанэ трелъхьэри жану зытредзэ. И хуарэм къытехута нэужь, щауэ мыцIыхум шыр мывалъэ пщIантIэм деш, щIопщ уэгъуэ ирех, шэм хуэдэу куэбжэ IухамкIэ докIри жэщ кIыфIым хохьэ.
А псор зылъэгъуа Занэ куэдрэ зримылъэфыхьу и Iэщэр зыпщIэхелъхьэ, и шым мэшэсри, и щхьэгъусэм кIэлъопхъэр, тIэкIу пэIэщIэу зиIыгъыу. Жэщыр зэрыкIыфIым къыхэкIыу, модрейм гу къылъитакъым и лъэмбым иту къыкIэлъыущ шум. МащIэрэ кIуа, куэдрэ кIуа, сытми къуэ гуэрым нос. Абдежым щIалэм гуп зэщIэузэда къыпэплъэу щытт. Зыми гу зылъримыгъатэу, Занэ а гупым зыхигъэпшахъуэри къэхъум кIэлъыплъын щIидзащ. Гъунэгъу къалэм теуэну загъэхьэзырырт, къызэрыгурыIуамкIи, Iуэхур зи IэмыщIэ илъыр и щхьэгъусэрт. ЗэращIынумкIэ зэгурыIуэхэри, мыпхуэдэ унафэ къызэдащтащ: я теуэр къехъулIэмэ, къаIэрыхьа кхъуентхъыр шыхэм трапхэнщ, апщIондэху я тетым и пелуаныIэмкIэ бийхэр къигъэувыIэнщ. АпщIондэху къаIэрыхьаIамэ яIыгъыу, цIыхухэр здынэсыпхъэм нэсыжынщ.
ЖаIар зэрызэгурыIуам тету ящIэу, зэщIэузэда гупыр къалэм тоуэри, къалэдэс жейбащхъуэхэр гущIэгъуншэу зэтраукIэ, нэхъ лъапIэIуэу къаIэрыхьэр зэщIакъуэри къуентхъыр яшхэм трапхэ. Къалэдэсхэр гужьеят: жэщтеуэм игъэщтауэ абыхэм захъумэжын Iуэхуи зэрахуэртэкъым, ауэ хуэмурэ зыкъащIэжри хъунщIакIуэхэм къебгъэрыкIуэн щIадзащ. ЗэрызэгурыIуам тету, бзылъхугъэ-пелуаныр бэуэгъуэ къезымыт бийхэм яхэлъэщыхьырт. Ауэ абыхэм я бжыгъэр кIуэ пэтми хэхъуэрт, блыным хуэдэу къапэщIэт бзылъхугъэм и закъуэт. Занэ и щхьэфэцым зиIэту гу лъитащ и щхьэгъусэр бийхэм зэрырагъэкIуэтыр. Куэдрэ мыгупсысэу, ари зауэзэрылIым хэлъэдащ. Зэгъусэу а тIум зэрахьэ лIыгъэр пхуэмыIуэтэным хуэдэт. Бзылъхугъэ-пелуанми гу лъитат щауэ гуэр къыкъуэувауэ къызэрыдэIэпыкъум, лIыгъэ зэрызэрихьэм, гузэвэгъуэм къызэрыхишым. ЦIыхубзыр, зыхуэмышыIэу, щауэм и шыфэлIыфэми и хахуагъми итхьэкъуат. Асыхьэтым абы гу лъитащ щIалэм и Iэм лъы къызэрыфIэжыр: Iэлъэмрэ IэщIтелъымрэ щызэпыхьэм деж шабзэм зыкъыхисэри иуIат. УафэхъуэпскIым хуэдэу псынщIэу лъэри хъыджэбзым щIалэм и уIэгъэр и данэ бэлътокумкIэ хуипхащ. ЗауэзэрылIыр иухакIэт: бийхэр икIуэтат, хъунщIакIуэхэми къуентхъышхуэ яIыгъыу щхьэж и унэ екIуэлIэжат.
IX
КIЭУХ
ХъунщIакIуэхэм къуентхъыр зэхуагуэшын ямыух щIыкIэ, Занэ и шым мэшэсри зегъэбзэхыж. Бзылъхугъэ-пелуаным къезыгъэлар нэкIэ къилъыхъуэ щхьэкIэ, и лъэужьыр нэгъунэ хэгъуэщэжакIэт. Апхуэдэу щыхъум, езы хъыджэбзри и шым шэсри унэм кIуэжащ. Нэхулъэ къищIын щIидза къудейт ар и щхьэгъусэр зыхэлъ и пIэм къыщыхэхутэжам. Занэ жейнэпцI зищIат. Ауэ шхыIэныр къыщиIэтым, нысащIэм гу лъитащ и лIым и Iэр данэ бэлътокукIэ зэрыпхам. И бэлътокур къызэрицыхужу, псори къыгурыIуащ. КъызэрыуIэбжьам ищIыIужкIэ абы и гум лъагъуныгъэ мафIэм и гуащIэр къыщыушри, и щхьэгъусэм мыхэр жриIэу зыхуигъэзащ:
- ЗэгъащIэ, си псэм хуэдэу Занэ, сэ иджыри къэс адрей цIыхубзхэм саремыщхьу сызэрыщытар: жэщкIэ щэхуу сежьэрти хъунщIэтеуэм сыкIуэрт, щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм лIыгъэ щызесхьэу, тхьэмахуэ, мазэ бжыгъэкIэ сыкъемыкIуэлIэжу. Зэгуэрым цIыхухъу фащэ сщыгъыу хы щIыIум щауэ сыщыхуэзащ и щуIэгъэр къилъыхъуэжу икIи абы сэбэп сыхуэхъуащ. Ди Iэм Iэщэ IэщIэлъу цIыхубзыр къатетхыжат, ауэ сэ си IэкIэ ар тIууэ зэгуэзупщIыкIауэ щытащ.
Иджы зи уIэбжьыгъуэр езы Занэт: и щуIэгъэ лъапIэм и нэгу зэхэлъыкIэм еплъурэ абы и гъусэ пэжыр къицIыхужащ. И гум щыщIэр хуэмыIыгъыжу, щIалэм и щхьэгъусэм IэплIэ хуищIыну зигъэхьэзырат, арщхьэкIэ нысащIэм абы и Iэхэр IуигъэкIуэтри жиIащ:
- Иджыри къэс сэ бзылъхугъэ-пелуану сыщытащ. Ауэ къарукIэ сэ нэхърэ нэхъ лъэщ цIыхухъу къыщыкъуэкIакIэ, абы си щхьэр хузогъэщхъри ипэрей хьэлыр къызогъанэ, адрей цIыхубзхэм ящIэ хабзэм зызотыж: унэ зехьэным, цы джыным, IэпщIэлъэпщIэным. Бзылъхугъэ Iэсэу сыщытыну сыхуейщ, ар уи дежкIи си дежкIи нэхъыфIщ!
ЕтIуанэ пщэдджыжьым бзылъхугъэ-пелуаным телъыджэу зэрызихъуэжар псоми зэхахащ. ГуфIэр Бэрэгъун зэкъуэшхэм я закъуэтэкъым, абыхэм я пщылIхэри ехъулIат. Псори пIащIэрт лэгъунэм кIуэуэ Занэ-къэрэбатыр ехъуэхъуну, лIы хахуэмрэ абы и щуIэгъэ къызэрымыкIуэ цIыхубз Iэсэмрэ. Санэхуафэмрэ нэгузыужьымрэ махуэ зыбжанэ ихьащ, абы иужькIэ зэщхьэгъусэ насыпыфIэхэр Бэрэгъун зэкъуэшиблым тыгъэкIэ щIагъэнауэ, кхъухьым итIысхьэхэри жьы махуэм щIиупскIэу я къалэм екIуэлIэжащ.
| {
"source": "adygabza.ru",
"id": "adygafolk.txt"
} |
Фет (Шеншин) Афанасий и тхыгъэхэр
ЗэзыдзэкIар Уэрэзей Афликщ
***
Бзыгъэщ, уэмщ гъэмахуэ пшыхьыр,
Еплъыт, щхьэукъуащ дзэл щхьэкIэр,
КъуэхьэпIэм пшэплъым зыщешыхьыр,
Уафэр къигъаблэу щхъуэкIэплъыкIэу.
Зэм къежэхыу джабэм, зэм дэжейуэ,
Жьыбгъэм мэзым къыщежыхь мыжейуэ.
Зэхэпхрэ шыхэр зэрыщыщыр?
Абыхэм жэщым къыщажыхьыр ущу.
Пщыхьэщхьэр губгъуэм
Пшэ гуартэхэр пхосыкI пшэплъ дыхьэрэным,
Губгъуэр хэлъщ уэсэпс щIэрыпсым и гущапIэм,
Дыгъэ шыгу тхъуэплъыр, къэмыIужу и уэзджынэр,
Щэхубзэу ебэкъуащ бгы щхьэдэхыпIэм.
Щыплъагъукъым унэ закъуи Iэгъуэблагъэм,
Уэрэди щыIукъым, мафIи къыщымыблэ.
Нэм къыхуэплъыхьыр кIэ зимыIэж тафэщ,
Гуэдз хьэсэм и толъкъунхэр щызеуалэу.
Пшэ къуацэм егъэпщкIур мазэщIэм и ныкъуэу
Махуэм къепсыну бзийр зыхуримыкъур.
Мес, лъэтауэ, мэву хъындырдзэлыр,
Къашыргъэр йос, и дамэр земыуалэу.
Пшэплъ щхьэтепхъуэм щIобэукIыр губгъуэр,
Зэм-зэми хьэсэм къыходжыкIыр ныбгъуэр.
Зэхызох мэкъупIэм и уэзджынэу,
Зэригъэзур и макъыр адэжынэм.
Пшапэ зэхэуэм набгъэ уещIыр мащIэу,
Нэхъ щIыIэ къэхъу акъужьращ зыхыбощIэ.
Къабзабзэщ мазэр, къоплъыхыр уафэм вагъуэр,
Псыежэхыу къолыдэх Шыхулъагъуэр.
***
Зэхоуэ пшапэр, къуэхьэпIэ пшэплъым
Ирехыжыр и сэлам щIылъэм,
МыпIащIэу къокIуэтэхри хьэуа гъуэзыр,
ЩогъуэлъыкIыр и лъащIэм аузым.
Мэфагъуэ гу лъумытэу дыгъэ бзийхэр,
МэуфIынкIыжыпэри мэбзэххэр.
И тхъэгъуэщи жыгым и щхьэкIэм,
Нэхъуеиншэу дыгъэ бзийхэм захегъапскIэ.
ГуфIэгъуэ щэху лъащIэншэу, гъунапкъэншэу
Жыгым и ныбжьыр мэхъури нэхъ кIыхь,
КъысфIощI пшапэ зэхэуэм жейм сыхишэу,
Сигъэлъагъуу телъыджащэу пщIыхь!
Хуэдэщ жыгыр дунеитI щыпсэу,
Языхэзми щыфIэIэфIу гъащIэр, -
ХэкIами быдэу щIым и къуэпсхэр,
И щхьэкIэр зыхуэпабгъэр уафэ лъащIэрщ.
| {
"source": "adygabza.ru",
"id": "afanasi.txt"
} |
КЪЭРАБГЪЭ
ЗэзыдзэкIарУэрэзей Афликщ
(Бгырыс хъыбар)
Къуршыбгъэм иху тхьэкIумэкIыхьу,
Мэз бжэным хуэдэу щIэкIыу и лъэр,
Хьэрун къыIуех, шынауэ, и щхьэр
ЗауапIэм, щыжэм адыгэлъыр.
Я хэкур, щIыхьыр яхъумэжу
Ятащ я гъащIэр къуэшхэм, адэм.
Иуауэ сабэм, лъыр къапыжу
ЗауапIэм илъщ абы я хьэдэр,
ЛъыщIэж щIэлъэIуу мажэ я лъыр.
Къалэни напи фIэкIуэдауэ,
И Iэщэр губъуэм икIуэдауэ,
Хьэруным ехури ехур и лъэр.
ЙоIэжыр махуэр, жэщыр губгъуэм
Къыщхьэщогъуалъхьэ, хуэму пшагъуэм
ЗыкъегъэхыщIэ, губгъуэ нэзыр
КъигъэтIылъыхьу. Акъужь мащIэр
Къреху къуэкIыпIэм. Уафэ лъащIэм
КъотIысхьэ щыму мазэ изыр!..
ИрилъэщIэкIыу лъыр, пщIэнтIэпсыр,
ИгъущIыкIауэ иIу, ешауэ,
БгыжьитI зэхуакум лъэр къехусри,
Мазэгъуэ нурым къыхэщауэ
Къелъагъу и къуажэр. Щэхуу дохьэ…
Ихъуреягъыр даущыншэщ,
Лъыгъажэ зауэ мафIэм зи щхьэр
Къыхэзыхар мы зырщ узыншэу.
Къыдедзыр унэм и щхьэгъубжэм
Уэздыгъэ нэху. Хьэрун а унэр
ЕцIыху куэд щIауэ. И лъэр инэу,
КъыIуех дзыхьмыщIурэ унэбжэр.
Сэлим и закъуэу, и псэм еджэу
Хэлъщ сымаджэпIэм. КъыщIыхьар
КъыхуэцIыхужыркъым. Сымаджэм
Ажалыр и псэм къыщыхьащ…
«Укъэмыдзыхэ. Инщ Алыхьым
Бгъэдэлъ зэфIэкIыр.- Уихъумэнщ.
ПIэтынщ иджыри лъагэу уи щхьэр!..»
«Сыт хъыбарыщIэу къызжепIэн?»-
Зы гугъэ гуэр къэщIэрэщIэжу.
КъиIэтри напIэ ужьыхыжыр,
Ухыгъэм и пэ къихуэу
ЗауапIэ хуэплъэу къызэщIоплъэ.
«Дыщызэуащ махуитIкIэ къуащIэм.
Си къуэшхэм, си адэм гъащIэр щатым,
СыкъыщIэпхъуэжри, губгъуэ нэщIым
ЗыщызгъэпщкIуащ. Си ужьым иту
Бийм сыкъихуащ сыхьэчэхьэпсэу,
Си лъакъуэу банэм, мывэ дзакIэм
КъысфIауIам къыпыжу лъыпсыр,
СыкъэкIуэжащ сэ гъуэгу гъэпщкIуакIэ;
Адыгэр хощIэ – бийр куэдыIуэщ.
Ныбжьэгъу, унэбжэр схузэхуэпщIу
СыщIумыхужым, сэ мы ди щIым
СытетыхункIэ, ситхьэрыIуэщ,
Сщымыгъупщэну!..» Зи псэр хэкIым
Кърет жэуап: «ЗбгъэдэкI, напэншэ!
Си деж къэрабгъэ щымыхашэ,
Нэлат узох игъащIэ псокIэ!..»
УкIытэм, гуауэм яужьыгуауэ,
Хуэмыхьу шхыдэ зыхихар,
Хьэруным и щхьэр, къыфIэхуауэ,
Сэлим и унэм къыщIихащ.
Абдеж унэщIэ гуэр щыблэкIым
КъоувыIэ ар, зы напIэзыпIэм
Махуэ блэкIахэм я пщIыхьэпIэр
КъыIуроуэжри ба IэфIкIэ,
КъызэщIоплъэж Iэпкълъэпкъ пIыщIар,
КъогуфIэ и псэ ешыIуар,
ИкIи къыфIощIыр жэщ мазэгъуэм
КъыхэлыдыкIыу пщащэ нагъуэр,
Гухэлъ гуапагъэкIэ гъэнщIар.
Мэгугъэр: сэрщ къыщIигъэщIар,
Сэращ, сэращ щIэпсэур а дахэр.
ЩIыхьэнут унэм – къызыхехыр,
Зыхех адыгэ уэрэдыжь…
Ар мазэ фагъуэу къохъур гъуэжь:
Уафэм мазэщIэр
Щосыр мамыру.
ЗауэлI ныбжьыщIэм
Зегъэхьэзырыр
Зауэм Iухьэну.
Еузэд фокIэщIыр.
КыжреIэр абы нысащIэм:
Си псэ, зэи упимыкIуэт
ГъащIэ гъуэгум къыппигъэтIылъым.
Бегъымбарыр хэмыкIыу уи лъым,
Тхьэ елъэIу уэ, къаблэм ухуэплъэу,
ЩIыхьым, хабзэм быдэу бгъэдэт.
ЩIыхьыр, хабзэр зымыгъэпэжыр,
Зи Iыхьлыхэм епцIыжыфар,
Бийм темыкIуэу къыIукIуэтыжыр
ЛIэнщ щIыхьыншэу – арщ къилэжьар.
Абы и хьэдэр игъэпскIыжынкъым
Уэшхым. Хьэми ищIынщ Iумпэм.
Уафэм мазэщIэр
Щосыр мамыру,
ЗауэлI ныбжьыщIэм
Зегъэхьэзырыр
Зауэм Iухьэну.
Хьэруныр, и щхьэр къыфIэхуауэ,
Куэбжэпэм псынщIэу къыIуокIыж.
Нэпс пIащэр, нэм къыIэпыхуауэ,
И бгъэгум, къису, щогъущыж.
ИщIауэ жьыбгъэм лэныкъуабэ,
Къыщытщ и унэ зыщапIар.
Аргуэру гугъэм гур дэхуабэу,
ЙоуIу щхьэгъубжэ зэхуэщIам.
Шэчыншэу, тхьэ щолъэIу а унэм,
ЛъэIур носыр Алыхьым деж.
Гузавэу, бынхэм попъэ анэр,
И гугъэу псоми къагъэзэж.
«КъыIух, си анэ, урысышэм
КъыIэпыщIихри и щхьэр, уи къуэр
КъыпхуэкIуэжащ уи деж узыншу!»
«Уи закъуэ уэ?»
«АтIэ, си закъуэщ!..»
«Уи адэр-щэ, уи шынэхъыжьхэр?»
«ХэщIащ!
ЯIихри гъащIэр Тхьэм,
КIуэжыпахэщ я псэр ахърэт жыжьэм».
«ПщIэжакъэ ялъ?»
«СщIэжакъым, ауэ…
Силъэдэжащ шабзэшэу къуршым, Къизнащ си къамэр а зауапIэм,
Къыпхуэсхьэсыжу щхьэр узыншэу,
Пхуэзгъэгъущыным щхьэ уи напIэр…»
«ЗэтепIэ! Куэдщ! Джаур бзаджащIэ!
ЩIыхь пылъу птын плъэкIакъым гъащIэр.
ЗбгъэдэкI, ухуеймэ, псэу гъусэншэу.
Си жьыщхьэ напэр уи емыкIукIэ
Схуэгъэулъиинкъым, епцIыжакIуэ.
Хьэрэм пхузощIыр си быдзышэр!..»
КъэIужкъым псалъэу гур зыгъэзыр,
Ихъуреягъыр хэтщ жей куум.
Щхьэгъубжэ лъабжьэм щэIуу, гызу
ЩIэтащ Хьэрун, икIауэ хъийм.
ИкIэм икIэжым къамэ фIыцIэм
ЩIыхьыншэ гъащIэр пиудащ…
Пщэдджыжьым анэм къилъэгъуащ…
Ауэ блоплъыкIыр щIыIэ-щIыIэу.
Iумпэм 1ыхьлыхэм ящIа цIыхур
Идакъым зыми кхъэм ихьыну.
Хьэ закъуэр, Iупсыр къыIурыхуу,
Ебзейт уIэгъэм, лъы ефэну.
Абы и хьэдэ упщIыIужым
Хьэблэ сабийхэр тоджэгухь.
Иджыри къэскIэ къуажэ-къуажэм
Мы хъыбар бзаджэм къыщекIухь:
Къэрабгъэм и псэр бегъымбарым
Щыхуэзэм, щтэри щIэпхъуэжащ;
И ныбжьым жэщкIэ хьэдэджадэу
Бгыхэм щызеуэу къэнэжащ.
Нэхущым деж щхьэгъубжэ лъабжьэм
КIэщIэтщ, щхьэгъубжэхэм теуIуэу,
Щагъэхьэжыну унэм лъаIуэу,
Ауэ зыхехри зэчыр къэIур,
Аргуэру Iэщэм къыпэщIэжу
ПфIэщIыну, пшагъуэм холъэдэжыр.
| {
"source": "adygabza.ru",
"id": "aflik.txt"
} |
ЗэзыдзэкIар Уэрэзей Афликщ
Нил
ГугъапIэ диIэщ, ди гуапэщ гум ехуэбэкI псыIагъэр
Жэнэт щIыналъэщ, и Iуфэр зэщIэгъэгъащ щхъуантIагъэу.
ЩIэращIэщ пщащэ щIыкIафIэу, зауэлI къудану зэкIужщ,
ДыгъэнэбзийхэрпсыщхьэфэмщоджэгурипсымхоткIухьыж.
Тенджыз губжьауэ гъатхэпэм къиунщи, уэру ехынщ
Гъэр икIыхун зыхуежэхыр, щIэлажьэр цIыхум я шхынщ.
Бжьэхуцыр къыдегъэбэкIыр, ди губгъуэм и удз щхьэмыжщ
ГуфIэгъуэм и къигъэхъуапIэу, гугъапIэр къезыгъэблыжщ.
ГуапагъкIэ цIыхум етэныр и ткIуэпсхэм я гъащIэ уазщ
ЩIыгулъым псэ хэлъхьэжыныр а псышхуэм хуиуха фарзщ.
Къулей-къулейсыз имыIэу гъавэр яхуегъэщхьэлъэ,
Iупхыжмэ, тесэ аргуэру, къыхыумыгъэкIыу пIалъэ!
Уеплъамэ, и пIэм имыкIыу къыпщыхъуми, и гъуэгу мыухщ.
Псы щIэншэм щыму, мыпIащIэу ди гъащIэр къытхурехьэх.
Ауэ зэм-зэм къэгубжьмэ, аслъэным и пщэц тэджауэ,
Псыпыхуу къызэрохьэжьэри, и нэпкъхэм къоуэ пэбжьауэу.
ГугъапIэ диIэщ, ди гуапэщ гум ехуэбэкI псыIагъэр.
Хуэкъамылыфэ и Iуфэр зэщIолыдыкI накъыгъэу.
Си фIэщ пхуэщIынкъым щыIэу езы жэнэтми, уеблэм
ДахагъкIэ, берычэтагъкIэ зы псы пэхъуну Нилым!
Къамэ къафэ
Пщэдей Амал уэлий хуашэнущ.
Зыкъифх шэрджэс бгыхэм!
Зи лIакъуэр лъагэм
ГуфIэгъуэр хуэфIэт,
Къамэ къафэм щIэвдзэ:
Пщэдей къуакIэм дэз хъунущ
Къалэм дэсри, пшахъуэщIым исри.
Хэтыр гуфIэгъуэм хэтщ,
Хэтри гуфIэгъуэм йоплъ.
ГуфIэгъуэшхуэр фIэт!
Къамэ къафэм щIэвдзэ!
Пщэдей щIэблэр бжьыфIэнущ,
Мысыр гуфIэгъуэр тепщэнущ.
КъыкъуэкIынущ дыгъэр, мазэр,
Чэщанэр абыхэмкIэ бжьыфIэнущ.
ГуфIэгъуэшхуэр фIэт!
Къамэ къафэм щIэвдзэ!
Шэрджэс пщащэ
Узытеувэр къеIущащэу уи лъэм,
Уэрамым ущрикIуэкIэ упагэу,
Уи гъуэгур зэрылъэкIкIэ пхуигъэдахэу,
Пщэдджыжьым къыпхуеубгъур
и пшэкIэплъыр.
Къехъуэпсауэ уи пкъым хуэфI бостейм,
Къыптоджэгухь щIыкIафIэу дыгъэ бзийр.
Узытеувэр къеIущащэу уи лъэм,
Уэрамым ущрикIуэкIэ упагэу,
Хъуэпсэныгурэ зыкъыпхуагъэябгэу,
Хъыджэбз узыблэкIхэр къыпкIэлъоплъыр.
Iэгурыжщ уибг лантIэр, дзэ хужьыбзэм
КъыдошкIурыкIукIыр уи гуфIэкIэр,
Ар хыбокIутэжри дыгъэпсым,
Дыгъэ бзийм полыд налкъутналмэсу.
Нэ пIащитIыр, уи нэкIу дыхьэрэныр
Зэ нэхъ мыхъуми зылъэгъуам игъащIэм,
Къыптрихыжын лъэмыкIыу и нэр,
Къилъытэнущ ужэнэт нысащIэу.
Урагугъами гъуэбжэгъуэщ телъыджэу,
Щыбгъэуащ хьэщыкъ къэпщIауэ Iэджэ…
НэкIу дыхьэрэну пагэу зыщIэбгъафIэр
ЙогуэщIэкIыр жыхьэнмэ мафIэм.
Сыт жаIэн пщэдей?
Iыхьлы захуэсщIу хамэм,
Iыхьлыхэм сахуэхъуу бий,
Апхуэдэ емыкIу злэжьамэ,
Сыт схужаIэнур пщэдей?
Си лъэпкъым, адэшым, анэшым
СапэщIэувэм зэгуэр,
СхуащIынщи хьэрэм быдзышэр,
Ихузынщ закъуэныгъэм гур.
ЖаIэнщи злэжьу икIагъэ,
Си гъащIэр хъужынщ хьэдагъэ.
| {
"source": "adygabza.ru",
"id": "ahmad.txt"
} |
Аиссе
(1694-1733)
ЗэзыдзэкIар Къэрмокъуэ Хьэмидщ
Францием и дипломат граф Шарль де Ферриоль пхъу ищIауэ щыта цIыхубз Хьэишэт (Аиссе) француз литературэм и классик хъуауэ щытащ. Илъэс щитIрэ щэ ныкъуэм нэсауэ абы и творчествэм тхакIуэу, критикыу, литературоведу тетхыхьыжыр мащIэкъым. Адыгэ цIыхубз телъыджэм хуагъэпсащ романхэр, повестхэр, пьесэхэр, рассказхэр.
Хэт хъуну-тIэ Хьэишэт (Аиссе)? Дауэ ар Францием къызэрыщыхутар?
Хьэишэт (Аиссе) 1698 гъэм ливр 1500-кIэ Истамбыл бэзэрым къыщащэхуат. Ар къызэрыхъукIар унагъуэ хуэщIат. Езыр егъэлеяуэ дахэт, екIут, гуакIуэт, псэм дыхьэм хуэдэщ жыхуаIэт. Къехъуапсэхэри, гъунэгъу зыкъыхуэзыщIыну, зыкъыпащIэну хуейхэри куэдыщэ хъурт. Ауэ ар зыми яхутечыртэкъым. Францием и тет дыдэ езы герцог Орлеанскэ мызэ-мытIэу иужь ихьат Аиссе къыдихьэхыну, пащтыхь цIыхубзхэм я пашэу щигъэтыну. Ауэ ари къыпригъэхат.
Абы теухуауэ Сент-Бёв мыпхуэдэу итхыжат: «Азие бэзэрым къраша а адыгэ цIыхубзыр Францием къыщIашар цIыхубз щIыхьымрэ абы и къабзагъымрэ зэфIагъэувэжын хуейуэ арагъэнт».
Ауэ Аиссе и гъащIэм зэхъуэкIыныгъэ игъуэтащ щIалэ хахуэ Блезом-Мари д’Эди щыхуэзам. Ар фIыщIэу илъэгъуат адыгэ хъыджэбзым. ИкIи ар зыхьэхуа щIалэм щхьэгъусэ хуохъу.
Куэд къигъэщIакъым Аиссе. Ар дунейм ехыжащ I733 гъэм гъатхэпэм и 13-м, и ныбжьыр илъэс 39-м иту. Ар щыщIалъхьащ Париж дэт Щихъ Рок члисэм. А члисэм и тхылъым нэсу итщ абы и цIэр – Шарлоттэ-Элизабет Аиссе. (Абы чристэн диныр 1698 гъэм кърагъэщтат)
Блезом-Мари д’Эди хуабжьу игу щIыхьаи фIыщэу илъагъу и щхьэгъусэр зэрыIэщIэкIар. Зы хъыджэбз цIыкIу яIэти, Аиссе и фэеплъу къыхуэнауэ егъэлеяуэ фIыуэ илъагъурт, и анэм ар ещхь зэрыхъужыным хущIэкъуу ипIырт. А цIыкIур виконтесси хъуат.
Апхуэдэ щыIэкъым жыхуаIэ литераторт Аиссе. Абы «дэтхэнэ зы псалъэми и мэр къыщIихьэрт», пшынэм хуэдэу ар игъэбзэрабзэрт, шэрыуэу, гурыхьу, гупсысэ дахэ хэлъу.
Япэ дыдэу адыгэ цIыхубзым и литературэ зэфIэкIым тепсэлъыхьар «Манон Леско» зытха Превощ. «Алыдж пщащэм и тхыдэ» романым Аиссе и образыр къыщигъэлъэгъуат. Апхуэдэ дыдэу ищIащ Мариви. Абы «Марианнэ и гъащIэ» романым (174I) и лIыхъужь нэхъыщхьэу къыщигъэлъэгъуар Аиссещ.
Францием и тхакIуэ, критик нэхъ цIэрыIуэхэм яхэту къыщIэкIынкъым адыгэ цIыхубзхэм темытхыхьа. Абыхэм ящыщщ Ж. Руа. «Аиссе, е адыгэ бзылъхугъэ ныбжьыщIэ» - арат абы и повестым фIищар. «Одеон» театрым и джэгуакIуэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэ Сарэ Бернар «Мадемуазель Аиссе» спектаклым адыгэ цIыхубзым и ролыр щигъэзэщIат. Ар щIэгъэувар 1872 гъэрщ.
Адыгэ цIыхубз телъыджэм и зэфIэкIым, и Iэзагъэм, и лъэкIыныгъэхэм тетхыхьыжхэр франджыхэм я закъуэтэкъым. Къапщтэмэ, Англием и тхакIуэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщ Кемпбелл Прейд романышхуэ итхат абы теухуауэ.
Апхуэдэу адыгэ цIыхубзым тетхыхьахэр куэд мэхъу. Абыхэм ящыщщ Жюль Суре, Эмиль Анрио, Андре Моруа. Ахэр зы къэмынэу франджы Англием и тхакIуэшхуэ Эдмон Пилони и тхыгъэхэр абы хуигъэпсащ.
Мейкъуапэ Пушкиным и цIэр зезыхьэ къэрал драмэ тетарым 1980 гъэм щагъэуващ Адыгейм и драматург цIэрыIуэ Щхьэплъокъуэ Хьисэ и «Хьэишэт» пьесэм къытращIыкIа спектаклыр.
1985 гъэм урысыбзэкIэ дунейм къытехьащ Аиссе и тхыгъэ хьэлэмэт зыбжанэ. «ЩIэныгъэ» тхылъ тедзапIэм къыдигъэкI «Литературэ фэеплъхэр» серием, и тиражыр минищэ хъууэ, урысыбзэкIэ къытрадзащ Аиссе и «Тхыгъэхэр».
Аиссе и Iэрытххэр псалъэ хэIэтыкIахэмкIэ гъэпсакъым, къызэрыгуэкIщ. Ауэ ахэр апхуэдизу шэрыуэу къыхэха, убзыхуа, шэщIа хъуащи, уи гущIэм зыкъыщIэрегъэIэ, гупсысэ дахэхэм ухуагъэуш.
Аиссе и зэманым псэуа, абы мызэ-мытIэу IущIа Вольтер икъукIэ фIэтелъыджэт а адыгэ цIыхубзым и IэкIуэлъэкIуагъэр, и бзэм и дахагъэр, абы гупсысэу хэлъыр. Езыми абы усэ хузэхилъхьат. ИужькIэ Аиссе и тхыгъэхэр псори щIиджыкIа нэужь, мыпхуэдэу итхыжащ: «Куэд щIакъым мадемуазель Аиссе и письмохэм я том псо зэрыщIэзджыкIрэ… Ахэр ауэ къызэрыгуэкIкъым. Абы къыгуроIуэ фIыри Iейри, къэзыухъуреихь псори, абы езым зегъэкъуэншэж. ЗыгуэркIэ щыуамэ, ар зэрилэжьам папщIэ, езыр икъукIэ гуапэу, гущIэгъулыуэ щыт пэтми…».
ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм псэуа критик Ш. О. Сент-Бёв хуэдэ критик Францием имысауэ тхьэ щаIуэж. Абы гупсэхуу зригъэщIауэ, иджауэ щытащ адыгэ цIыхубз тхакIуэ цIэрыIуэм и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ. Сент-Бёвщ 1846 гъэм Аиссе и «Тхыгъэхэр» етIуанэ къыдэзыгъэкIыжар.
Дэ, адыгэхэр, Аиссе и Iуэхухэр щызэрихьар нэгъуэщI къэралми, щыпсэуа зэманыр жыжьэми, ноби дригушхуэ хъунущ апхуэдэ цIыхубз телъыджэ къызэрытхэхъукIам, и цIэр фIыкIэ дуней псом зэрыщигъэIуам. Ари дыдейщ, лъэпкъ набдзэщ. Францием къыщыхъуами щыпсэуами къэзылъхуар адыгэ анэщ.
КАЛАНДАРИНИ ГУАЩЭ ХУЭСТХЫР
Уи нэIуасэхэм я гугъу пхуэсщIынщ иджы. Зиусхьэн Ферриоль зэрыцIыху гуапэщ, и узыншагъэкIэ зыдигъуэ щыIэкъым, къыфIэIуэхушхуи слъагъуркъым; и пщIыхьэпIэ хэмыкIыр молинистхэращ – нэкурэ напIэрэ иIэкъым абыхэм фIэкI. Абыхэм я жагъуэгъу гуэрым епсэлъэн хъумэ, де Ферриоль къызокIуэкI, уеблэмэ апхуэдизкIэ игу хохьэри, жейм езэгъыжыркъым. Нэху щамэ, сыхьэтийм зеужьри дыгъуасэ зэхиха хъыбар мыфэмыц гуэрым тепсэлъыхьурэ махуэр егъакIуэ. Си дыхьэшхын къокIуэ, ар щыслъагъукIэ. Мадам Ферриоль къыфIэIуэхукъым ар, абы щхьэкIи зэгуэпыркъым. Мадамыр къызэрыбгъэнащ, нэхъ пшэр зэрыхъуам и гугъу умыщIмэ. И хьэлыр пщIэжыркъэ: къыпэрыуэIауэ игу техуэркъым. Къыпэрыуэнрэ зэгуэзыгъэпынрэ и мащIэкъым: еджэ пэтми къыбгъэдэмыхьэ хьэмаскIэри, пщIэ лъэпкъ къыхуэзымыщI унэIут лIыжьри – пхурикъункъэ а тIур! УнэIутым къыжриIэми еплъ: "Уэращ зи лажьэр - бгъэсэхъуащ..." ПэрыIэбэ езутIыпщарэт жызоIэ, ар щызэхэсхкIэ, си гур апхуэдизкIэ хуоплъри. Езым игу къызэрысхуэплъыр слъагъуркъэ: сиукIын тIэу еплъынутэкъым, хузэфIэкIамэ. Адрей унэIутхэри нэхъ щIагъуэкъым, уешхыдамэ, зыпхуагъэубэлэц, загъэщэныфIэ щхьэкIэ. Аракъэ мадам Ферриоль и жьэр щIакIэримыгъэкIыр: ешхыдэурэ щигъагъ къохъу куэдрэ, сэ унэIутхэм сигу ящIогъури содэхащIэ, тызогъэуж. И къуэхэм зэрахущытщ мадам Ферриоль. Зыр щигъэкIащи, сыт зэхищIыхьми, зы псалъи жриIэркъым. ЩIыхудичыхыр и узыншагъэр зэрымыщIагъуэращ. ЩIалэфI дыдэщ, цIыху гуапэщ, псоми фIыуэ ялъагъу – ар хуэфащэщ абы. Д’Аржанталь хущIыхьэгъуэ иIэкъым, и къалэныр егугъуу егъэзащIэ: пщэдджыжьым ХеящIэхэм я сэрейм макIуэ, шэджагъуэ нэужьым сыхьэтитху пщIондэ унэм щолажьэ. Театрыр зыпищI щыIэкъым Д’Аржанталь. Гу зэрылъыстамкIэ, фIыуэ илъагъу иIэкъым. ЦIыхубзхэм яхуэгуапэщ, пщIэ яхуещI, псалъэ гуемыIу щазэхригъэх къэхъуркъым; Найт зэлIзэфызым техьэгъуэ къеуэлIащ. И лIым пщIэ зэрыхуищI слъагъуркъым мадам Найт, лIы зэриIэр и напщIэм телъ фIэкI. ЩхьэзыфIэфIщ мадам Найт, къыпэпсэлъэжIауэ игу техуэркъым. Куэдрэ зэдэпсэуныфэ ятеткъым а тIум – уи нэ фIыкIэ илъагъу. Нэпс щIигъэкIын жыхуэпIэр зыуи къыщыхъуркъым мадам Найт, абы щыгъуэми игъэкъуаншэр и лIыращ. Уи шыпхъум бзэгу хуумыхьыж: и пхъур щигъэкIауэ си гугъэщ. Ягъэсэхъуащ, армыхъу зыгуэр къыхэкIынкIи хъунт абы. Ягъэсэхъуащи, упэрыIэбэ хъужыркъым иджы, гум техуэгъуейщ. ЗэдаIуэ дунейм теткъым, езым фIимыгъэжар хьэрэмщ, игу иримыхьын зэхихакъэ – сабэр дрепхъей, ухэзэгъэжынукъым, и фэм йокI. Ар сигу къемыуапIэр иIэкъым, фIы къехъулIэмэ, си гуапэщи.
Мадам де Тансен техьэгъуэ къеуэлIэрейщ. ЗэрызэхэсхамкIэ, абы щхьэкIэ къэнакъым: пшэр хъуащ. Абырэ сэрэ дызэпсалъэркъым иджыри, дызэрылъагъуркъым, арагъэнщ щIым дыщIыхьэжыхуи зэретхьэкIынур, архиепископыр къэкIуэжа нэужь, дыхигъэзыхьрэ дызэримыгъэкIжмэ. Ар зэрызмылъагъури дызэрызэмыпсалъэри сигу къеуэркъым, уеблэмэ сыщогуфIыкI, секIужын муради сиIэкъым, хэт сыхигъэзыхьми: тIуми дощIэ дызэтеплъэ зэрымыхъур, дызэзэгъынкIи Iэмал зэримыIэр. Зиусхьэн Бертье зэрызмылъагъурэ куэд щIащ, пэжыр бжесIэнщи, сэращ ар зи лажьэр: дапщэрэ къакIуэми, унэм сису кърихьэлIэркъым. Аблон дыкIуэн мурад диIэщ, мы мазэм и нэхъыбэр абы щитхынкIэ мэхъу. Iэпкълъэпкъ узым си щхьэр щIызигъэхьащ, пыхусыхури скIэрыкIыркъым. Ди унэ укъызэримыхьэжыр сигу къеуэ зэпытщ, уэзгъэлъэгъуащэрэт си пэшыр – къыпхуэцIыхужынтэкъым. Зыми хэзмылъхьэр уэ къызэпта фалъэ цIыкIурщ – зыпэсщI щыIэкъым. Ла Мезанжер зымахуэ къыщIыхьати, жиIаращ: «Хьэкъущыкъу дахащэ уиIэщ, фалэ цIыкIур псоми йофIэкI». Си пэшым щIэт унэлъащIэр егъэлеяуэ жыпIэнкъым, ауэ екIу дыдэщ. Фалъэ цIыкIур зрагъэлъагъун щхьэкIэщ хьэщIэ нэхъыбэрэ къыщысхуэкIуэр.
***
Париж, 1728, мэкъуауэгъуэм и 10-м.
Пон-де-Вель дыкIуэн мурад тщIащ икIэм икIэжым. Мадам Ферриоль гъуэгуанэм тегушхуэркъым. ЩIытемыгушхуэн щхьэусыгъуэ иIэж хуэдэкъым: хеящIэм ихьэн хуеяти, пIалъэр ягъэIэпхъуащ; и лIыр ныддемыжьэну жиIэрти, ари арэзы хъуащ. И лIыр унэм къринэн шынэрт мадам Ферриоль, и закъуэ къанэмэ, ахъшэм щымысхьын и гугъэти. Хуеймэ, гукIэ, хуеймэ, лъэсу ныддежьэну жиIащ де Ферриоль. ИтIани щхьэусыгъуэ къигъуэтащ мадам де Ферриоль: «Леди Болингброк хъыбар къыдигъэщIащ мадам де Ферриоль Париж дэмысынумэ, етIанэгъэ гъэмахуэ пщIондэ къызэремыжьэнумкIэ. НэгъуэщI щхьэусыгъуи къигъуэтащ мадам де Ферриоль: ахъшэ зэримыIэр. И дэлъхум щIыхуэ къритащ. Зэрыплъагъущи, щхьэусыгъуэ иIэжкъым мадам де Ферриоль, тегушхуаи хуэдэщ. Псы хущхъуэ ефэн зэрыхуейр игу къэкIыжащ итIанэ. Псы хущхъуэр къаша щIыкIэкъым. Аргуэрыр фэгъэнапIэ ищIыфынущ. Дауи щрети, къытедгъэхьэфын сфIощI. Щхьэусыгъуэ щIищIыр сыт уи гугъэ: маршалыр игу пыкIыркъыми аращ. Езы маршалым мадам де Ферриоль и пщIэр дэуеин и гугъэщ – ар къыдащIа псоми, и нэщIыбагъкIэ къыхужамыIэ къагъанэркъым. Мадам де Ферриоль нэхъ быдэ, нэпсей мэхъу кIуэ пэтми, ахъшэм къилъхуащ жыпIэнщ. ПщIэ хуэсщIын хуейуэ къыстохуэри, аращ къызэхьэлъэкIыр – абы нэхъыкIэ щыIэ: уи гум имыдэ пэтрэ пщIэ хуэпщIын зэрыхуейм?
Шевальем игу къызэрыдэмыжщ, нэхъ нэжэгужэ хъужауэ фэ тетми. И закъуэ унэм къызэризнэр къызохьэлъэкI, къызэхьэлъэкIми, сыт сщIэн: мадам де Ферриоль сыдежьэн хуейуэ къыстохуэ. Псы хущхъуэ ефэн хуейщи, Пон-де-Вель нэмыкIуэмэ, псы хущхъуэ игъуэтынукъым, игъуэтми, ефэнукъым, дэ хэдмыгъэзыхьмэ. Сэ сигу къеуэр шевальещ. Абы зыгуэр къыщыщIмэ, схуэмышэчынкIэ сошынэ. Мадам де Ферриоль сыдемыжьэмэ, игу къызэбгъэнущ шевальем. И закъуэ гъуэгу тебгъэхьэ хъунукъым, жи, абы удежьэн хуейщ, уи пщэ къыдохуэ, жи, езыр зэрыгукъыдэмыжщ, и щхьэр и жагъуэщ, узым къыщигъэдзыхэ куэдрэ къохъури, сегъэгузавэ. И тхьэмбылыращ къыхэзыгъэзыхьыр, абы сызэрыригъэгузавэр зыми къыздищIэркъым. Уэ иджыпсту сызэрыпхуэныкъуэр пщIатэми! Си гукъеуэр сщхьэщыпхынт, си гуныкъуэгъуэ носхьэлIэнт, лъагъунлъагъу укъытхуэкIуамэ.
Мадам де Тансен техьэгъуэм зэриIыгъщ. Иужьрей тхьэмахуитIым къыхигъэзыхьатэкъыми, хъужа къыфIэщIри и жьэр цIыхум ятриунэщIащ, зи щхьэфэ имыIэба къигъэнэжакъым, шевалье щхьэкIэ фIеягъэ Iэджэ жиIащ, мадам де Ламбер бзэгу хуихьащ. Мадам де Ламбер хуэшэчыжакъым: кIуэри шевальем псори жриIэжащ. Шевалье тхьэ иIуащ мадам де Тансен щхьэкIэ игъащIэм зы псалъэ фIей къыжьэдэмыкIауэ. Ла Френе и хъыбарым щыгъуазэ пэтрэ шевальем ар иIуэтэжакъым, щIимыIуэтэжауэ жыхуиIэр абы и шыпхъумрэ сэрэ къызэрытфIэлIыкIырщ.
Мадам де Тансен и шыпхъум хуэтхьэусыхащ зы унэ дыщIэс пэтрэ сэ абы и узыншагъэм сызэрыщIэмыупщIам щхьэкIэ игу къызэбгъауэ, иужьрей илъэс ныкъуэм абы зы фIэкI сыкъызэримылъэгъуар и жагъуэ хъуауэ Iэджэ къыхуригъэкIуэкIащ.
Пон-де-Вель сыкIуэнукъым, мадам де Ферриоль абы тхьэмахуищ фIэкI щымыIэну жеIэ, щIэкIуэнури Iуэху гуэрхэр зэфIигъэхьэжын щхьэкIэущ зэрыжиIэр. Уэ сызэрыпхуэзэшар пщIэркъым, сигу укъэкIащи, си цIэр сэзэгъыжыркъым. Гува-щIэхами узэрыслъагъунур сощIэри, а зыр си гурыфIыгъуэщ. Мадам де Ферриоль шэчыгъуей дыдэ хъуащ, апхуэдизкIэ ирегъэлейри, сыкъыщригъэчынкIэ сошынэ. ИтIани сигу щIогъу. Гукъеуэмрэ гуныкъуэгъуэмрэ сыхэкIыркъым зы махуи, си гукъеуэр сщхьэщызыхыни сиIэкъым, уэр фIэкI. Шевалье узыр къытегуплIащ, плъэгъуамэ, къыпхуэцIыхужынтэкъым, апхуэдизкIэ зихъуэжащи. Абы уигъэхыщIэнкъэ? Сигу щIэхыщIэн си мащIэкъым иджыпсту: сылIэмэ, уэ къыпхуэзгъэнэн си гугъа Iэлъын цIыкIур згъэкIуэдащ, ди хьэ цIыкIури бзэхащ. Хьэ цIыкIур ди бжэщхьэIум телъ зэпытт – ядыгъури дыхэкIыжащ. Си тхьэгъухэмрэ щыгъэхэмрэ сщэжат, акцэ къэсщэхун мурад сщIыри. Акцэр къызыхуэсщэхунур уэ уощIэ – сыхунэсакъым: мадам де Ферриоль ахъшэ хуей хъури сIихащ, махуитI нэхъыбэкIэ щIыхуэр зэтримыгъэлъыну къызжиIэри. Илъэс ныкъуэ дэкIащ абы лъандэрэ, щIыхуэр къызитыжын зэрыхуейр и пщIыхьэпIи къыхэхуэркъым… Зиусхьэн Бертье фIыуэ укъызэрилъагъурщ иджыри, пщIэ къыпхуещI, ауэ мадам де М. зэрылIар игу щIыхьащи, и щхьэр и лажьэщ, цIыхум зэрыхыхьэж щыIэкъым, апхуэдэ гукъыдэж иIэкъым иджыпсту. Зиусхьэн Бертье куэд щIауэ и нэ къыхуокI Константинополь, лIыкIуэ къулыкъум щагъэгугъащ, ауэ зиусхьэн Пон-де-Вель абы зэрыщIэкъур къыщищIэм зиусхьэн де Морепарэ де Морвилрэ я деж кIуэри яжриIащ лIыкIуэ къулыкъум зиусхьэн Пон-де-Вель щIэбэгмэ, езыр зэрикIуэтыжыр, а къулыкъур зиусхьэн Пон-де-Вель нэхъ хуэфащэу зэрилъытэр. Ди деж зымахуэ щыхьэщIати, абы и IуэхукIэ зы псалъи къыджиIакъым зиусхьэн Бертье. Абы лъандэрэ зиусхьэн Бертье пщIэ нэхъри хуэсщI хъуащ. Уипхъу тIасэм схужеIэ зиусхьэн Бертье пщIэ хуэсщI фIэкIа, нэгъуэщI сигу зэримылъыр.
Зиусхьэн д’Аржанталь и гугъу пхуэсщIынщ иджы. Абы нэхъ щIалэ екIу дунейм тет хъункъым; екIу къудейкъым – акъыл иIэщ, Iущщ. ХьэлывэкIэ зигъэнщIыркъым – а зымкIэщ уигу ебгъэ зэрыхъунур: ерыскъыр зэдмыгъэзахуэмэ, къытIэщIэухэнурэ, шхын щхьэкIэ гузэвэгъуэ дыхэхуэнущ. Зэдгъэзахуэурэ а уэ пщIэ шым къыщыщIар къытщыщIынкIэ сошынэ: Iусым щагъэун мурад хуащIри, шыжь гуэр ирапхати, Iусым щыуа къудейуэ къаIэщIэлIащ. Дэри къытщыщIынкIэ хъунущ ар. Куэд къыпхуезгъэкIуэкIащ, уи щхьэр згъэузагъэнщ. Уэ зэзэмызэххэщ укъызэрысхуэтхэр. «Гулливер» къызэрыпщыхъуар къысхуэптхакъыми? ПщIэ зэрыпхуэсщIым шэч къытумыхьэ.
***
Париж, 1728, шыщхьэIум и 13
Шынагъуэ узэрыхэтар къызжиIэжри уи пхъум сигъэгузэващ – зыри щхьэ къысхуумытхарэ? ЗыхэпщIагъэнщ, дауи. Сэрауэ щытамэ, сыкъемылынкIэ хъунт. Куэдрэ уи гугъу дощI дэ: мадам Найт, сэ, уи пхъур. А тIур фIыуэ зэрызмылъагъур уощIэ. Зиусхьэн Кабан зыдэзгъэIэпыкъуу, уи пхъум и Iуэхур зэрызэфIэзгъэувэжыным сыпылъащ, ауэ абы нэхърэ нэхъ сызыхэмызагъэрэ нэхъ жыIэмыдаIуэрэ срихьэлIауэ сщIэжыркъым. ЦIыху гумащIэщ, щабэщ, псэ дахэ къритащ уи пхъум, аракъэ нэхъри сыщIыхузэгуэпыр: сызыхигъэзэгъакъым, си зы псалъи и тхьэкIумэ иригъэхьакъым, дахэкIи IейкIи къысхуэгъэдэIуакъым, сыхуэгубжьами, сехъурджэуами, сешхыдами, зыри къикIакъым.
Сэри си гуауэ хъуащ де Виллар зэрылIар. И къуэм зыхищIащ – зыхимыщIапIэр иIэтэкъым. Ежьэным и пэ сыхуэзакъым, сызэрыхуэмызари нэхъыфI хъунщ: игу сыткIэ фIы хуэсщIыфынт зи адэ лIа щIалэм? Уи жьэм дауэ къекIуэрэ ар, си псэм хуэдэ: сэ фIыуэ узэрыслъагъур уощIэ, уи хъыбарым дауэ сытезэшэн? Уи псэр щыхыщIэм деж сэри зыхызощIэ, уи гуауэр сэри си гуауэщ. УтезэшэнкIэ сошынэ, армыхъу си хъыбарым кIыхьу уезгъэдэIуэнт. Кардиналым хуэстхам ущыгъуазэщ. КъикIынIакIэ сыщыгугъыщакъым, кардиналым хуэстхами. Софи тхьэмыщкIэм ливрищэрэ щэ ныкъуэрэщ къратыжар, нэгъуэщIкIэ къысщыгугъыркъым ар: щIыхуэр стекIыжыху, нэхъыбэ зэрезмытыфынур ещIэ. Сэ ливр щитIрэ плIыщIрэ къызатыжащ, иджы ливр минитIрэ щиблрэ плIыщIрэ сиIэщ, абы сыщыгуфIыкIынкIи хъунт, зиусхьэн де Ферриоль и унагъуэр ящымыгъупщэжатэмэ. Мадам де Тансен къратыжар ливр щищ къудейщ, аращ къытехьауэ сабэр щIыдрипхъейр. ИщIэн хуейуэ зы къигъэнакъым мадам де Тансен: зиусхьэн де Машо зыбжанэрэ зыIуигъэщIащ, кардиналми хуитхащ, и нэIуасэхэри Iуэхум хигъэлIыфIыхьащ – зы махуи шэч къытрихьакъым псори къызэрыратыжынум. ЗэрызэхэсхамкIэ, и Iуэхур щIагъуэкъым; зэрыпщIэщи, абырэ сэрэ дызэрылъагъуркъым…
Гольштейн лIыкIуэм и къуэшым зиукIыжащ, кIэрахъуэр и натIэгум ириубыдэри. ЗиукIыжын и пэ и унэм мафIэ щIидзэжащ, зэрызиукIыжар къаримыгъэщIэн щхьэкIэ.
Миледи Джерси зэрыфыгъуэнэдыр уощIэ, мадам Найт деж къэкIуэрей хъуащ ар, Iэнэм пэрытIысхьамэ, зигъэнщIыркъым, гъаблэгу зыщтам хуэдэщ: Iэнэм къыпэрыкIыжамэ, куэзыр джэгуным къыдэхуэркъым. И бзэр IэфI щхьэкIэ, и гур фIейщ миледи фыгъуэнэдым, дахэ къыбжиIэурэ, уи нэщIыбагъкIэ Iэджэ щызэрихъэн хузэфIэкIынущ. Уи жагъуэ умыщI ар зэрызубыр, абы и фэ къызэпплъми, схуэфащэщ, си бзэм сыщыхуимытыжкIэ.
Зиусхьэн Бертье зыкъысхуегъэгусэ лъагъунлъагъу къыщыкIуэкIэ унэм сызэрыримыгъуатэм щхьэкIэ. ДяпэкIи сригъуэтэн къысфIэщIыркъым. Ар зыхуейр плъагъуркъэ: сытелIэ хуэдэ, унэм сригъэсынут, къыщыкIуэнум сыпэплъэу. Мадам дю Деффан езгъэцIыхуащи, зрырегъэзэгъ: цIыхубз екIущ, гуапэщ, езыми игу ирихьа хуэдэщ. Ягу зэкIэрыпщIауэ къысщохъу, сахуэарэзыщ – гу зэщрехуэ. Зиусхьэн Бертье сэ къызэдаIуэ я гугъэщ цIыхум, и парикыр нэхъ кIэщI езгъэщIыфынкIэ къысщогугъ. Ар схузэфIэкIын си гугъэкъым сэ: и парикым бжьыфIэ щIэхъукIыущ езым зэрилъытэр. Уи благъэ цIыхубзыр голландым дэкIуэмэ, дунейм ехыжа и щхьэгъусэм къыхуигъэна мылъкум и ныкъуэр фIэкIуэдын хуэдэу зэхэсхащ, апхуэдэ уэсят къищIауэ жаIэ. Дунейм тетыху, и Iуэху зэкIэлъыкIуащ уи благъэ цIыхубзым и щхьэгъусэм, дунейм щехыжым зэIигъэхьэжащ. Абы и пIэ ситатэмэ, апхуэдэ уэсят къэсщIынтэкъым: мылъкур сыщIэмыфыгъужу къыхуэзгъэнэнт, себлэжынтэкъым.
Д’Аржанталь щхьэщэ къыпхуещI, абырэ сэрэ дызэныбжьэгъущ; псоми фIыуэ къалъагъу ар, къалъагъуми, хуэфащэщ: гу къабзэщ, и Iуэху ефIакIуэ зэпытщ, уигу щIебгъэн дэплъагъуркъым. Узыншагъэр тхьэм къуит, си псэм хуэдэ. Сэ Аблон сыкIуэнущ. Си узыншагъэр зэфIэувэжа хуэдэщ, ауэ нэхъ жьыфэ къыстеуащ, сыкъэплъэгъуамэ, сыкъэпцIыхужынтэкъым, апхуэдизкIэ зысхъуэжащи – илъэсипщIкIэ нэхъыжь сыхъуауэ къысфIощI.
***
Париж, 1728, мэкъуауэгъуэ – шыщхьэIу
Мы мазэм и 22-м къэптхар къысIэрыхьащ. Уи хъыбар щызэхэсх махуэр си гуфIэгъуэщ сэ. ФIыуэ плъагъу цIыхум и хъыбар зэхэпхыныр сыт и уасэ! Си гур хохъуэ уи хъыбарыфI щызэхэхскIэ. Гу къабзэрэ лъагъуныгъэкIэ къыдэта Тхьэм фIыщIэ хуэтщIын хуейуэ къыттохуэ уэрэ сэрэ. Уэ гу къабзэ къудейкъым Тхьэр къызэротар – къаруи къыпхилъхьащ, гуауэм зребгъэщIыкIыркъым, сытми узэрыпэлъэщын гуащIэ пхэлъщи, ар си гуапэ мыхъупIэр иIэкъым…
Пон-де-Вель укъыщIоупщIэ. Къулыкъу къратауэ зэхэсхащ. Къратамэ, зыIута IэнатIэм къыIукIын хуеящ – арыншауэ къулыкъу къратынутэкъым. ЗэрызэхэсхамкIэ, и узыншагъэри щIагъуэкъым Пон-де-Вель, узым ихьынкIэ сошынэ. Апхуэдэ цIыхур ди мащIэщ дэ, си щхьэкIэ, сэ дэзгъуэ щыIэкъым, акъыли гулыцIи иIэщ. ЦIыхугъи хэлъщ.
ГъэщIэгъуэн бжесIэнщ: зиусхьэн д’Аржанталь сэрэ дызэщыIеящ, махуиплI хъуауэ дызэпсалъэркъым. КъызыхэкIари мыхьэнэншэщ: и анэм пщыхьэщхьэшхэ дэшхэн зэримыдарщ. Ежьэри тхьэмахуэкIэ къэтащ и анэр, къэкIуэжын и пэ къуэм хъыбар къригъэщIащ, гулъытэ, пщIэ къысхуэпщIыркъым жери зыкъыхуигъэгусащ, сэ ар д’Аржанталь жесIэжащ, щыжесIэжым, къилъри зыкъысхузэкIэщIишащ. Сэри зысхуэшыIэжакъым, сыкъэтэмакъкIэщIащ, езым нэхъыбэж къыстритхъуэжащ. Сыкъыщиудри сыгъащ абдеж. УнэIут пщащэм дызэхихащ, сызэрыгъари илъэгъуащ. УнэIут пщащэр си пэшым щIэкIыжа къудейуэ, зиусхьэн Пон-де-Вель къыщIыхьащ. Сыхигъэзыхьа щхьэкIэ, къэхъуар жесIакъым. УнэIут пщащэращ дызыIуэтэжар. ДызэрызэщыIеям мадам де Ферриоль щыгъуазэкъым, щыгъуэзамэ, гуфIэнут: зымахуэщ къыщыстекIияр д’Аржанталь сыкъызэрыщхьэщыжам щхьэкIэ. Мадам де Ферриоль къэсыжа нэужь, д’Аржанталь хьэщIапIэ зэрыкIуар жесIащ: тхьэмахуэ и пэкIэ ирагъэблэгъати, езыгъэблэгъар игъэщIэхъу хъуакъым… ПцIы зэрыхуэзупсар мадам де Ферриоль ищIэркъым. УнэIут пщащэр къыдбгъэдэтати, си псалъэр зэхихащ. «Зиусхьэн д’Аржанталь укъыщхьэщож», - жери къызэгиящ унэIут пщащэр. Илъэс тIощIрэ блырэ хъуауэ дызэныбжьэгъущ абырэ сэрэ, апхуэдизрэ дызэныбжьэгъуауэ дызэщыIеижыныр тынш? АпхуэдизкIэ сигу хэщIащи, мыр икIэм нэс нысхуэтхысынутэкъым. Езыми къыгурыIуэжа сигугъэщ зэрымызахуэр, къызэрысхуэгубжьам хущIегъуэжауэ фэ изоплъ.
***
1728, шыщхьэIум и 29-м
ТхьэмахуэкIэ дызэпсэлъакъым д’Аржанталрэ сэрэ. Сэращ япэ фIы зыкъизышэжар. Лажьэ зиIэр сэратэкъым, япэ фIы зыкъызэрисшэжам щхьэкIэ емыкIу сыкъэпщIми, схуэфащэщ, езыращ япэ щIегъуэжын хуеяр, дауи. Шэджагъуэ Iэнэм дыздыпэрысым, бжьэ къасщтэри сехъуэхъуащ, етIанэ махуэм ба хуэсщIащ. ДызэкIужащ абы лъандэрэ. Зыбжанэ щIауэ нэзмытхаIами, зы махуэ сигу уихуакъым – сыхущIэмыхьэурэ екIуэкIащ. Мадемуазель Бидо сыкъызэригъэгугъар къысхуищIакъым – сигу ебгъэркъым итIани. Зиусхьэн Кабан уи деж лъагъунлъагъу нэкIуэн мурад иIэщ. Абы хуэдэу сыщхьэхуитами! ПIалъэ къыхэзгъэкIынтэкъым: сынэкIуэнти, услъагъунт. Гува-щIэхами, сынэкIуэнщ: уэ ппэсщI щыIэкъым, слъэгъуащэрэт жызори си нэ къокI куэд щIауэ.
***
1728, фокIадэм
Иджыри къэс пщызбзыщIа щхьэкIэ, д’Аржанталь къеузар фэрэкIщ. Езыми и ныбжьэгъухэми ди насыпти, уз Iейм къелащ, IэщIэкIащи, догуфIэ. Дыгъуасэ уи пхъур слъэгъуащ – зэрытхьэIухудщ, зэрыщIэращIэщ, и анэм ещхь хъужащ. Мадам Найт уэндэгъущ, Англием игъэзэжын и мурадщ, сабийр дунейм къытехьэху. Миледи Болингброк нэхъ хьэлъэ хъуати, ягъэгъуэлъащ – хэлъмэ, и гум жьы нэхъ егъуэт. И лIым имыгъэтыншущ бзэгуцэхэм жаIэр, ар си фIэщ хъуркъым сэ.
Си Iуэху зытет ныпхуэстхыну укъызолъэIу. Си Iуэхур зэрымыщIагъуэр ныпхуэстхынщ. Мадам де Ферриоль сезэгъыркъым, си щхьэр щIызигъэхьащ. Унэм сисми, и жьэр скIэригъэкIыркъым, унэм сикIми, игу техуэркъым. Ди унэм къихьэрей цIыхубз гуэрщ нэхъри къызэщIэзыгъаплъэр: къысхужимыIэ къигъанэркъым. «Фыз бзэгуцэм жиIэм уодаIуэ», - жысIэри мадам де Ферриоль зымахуэ сыфIэнащ. Фыз бзэгуцэм ищIэххэркъым си нэщIыбагъкIэ щыжиIэ илъэпкъыр зэрызэхэсхыжыр. ХузэфIэкI къыремыгъанэ, сыти къысхужреIэ – абы сепсэлъэн си щхьэ хуэзгъэфащэркъым сэ. Мадам де Ферриоль къыIэщIэужэгъуа хуэдэщ фыз бзэгуцэр – къыгурыIуа хъунщ абы и гум фIы зэримылъыр.
***
Париж. 1728
Зиусхьэн д’Аржанталь махуитI и пэкIэ къэсыжащ, фэрэкIым зэхишхыхьащ ар, и пэращ фэрэкIыр нэхъ зэгуэуар: нэхъ цIыкIу хъуауэ къыпщохъу и пэр, пагуэ хъуауи къыпфIощI. Япэм хуэдэжкъым, и фэм зихъуэжащ, ауэ игурэ и псэрэ зэрыкъабзэщ, езыр зэрыхьэлэлщ, и щытхъу фIэкI зэхэпхыркъым…
Пон-де-Вель дыкIуэнрэ дымыкIуэнрэ тщIэркъым иджыри. Мадам де Ферриоль нэхъ гъум хъу зэпытщ, псы хущхъуэ ефамэ, сэбэп къыхуэхъунт. Ар и фIэщ тщIын ди гугъащ и къуэмрэ сэрэ, къыхуедмыгъэкIуэкIа щыIэкъым, и тхьэкIумэм иригъэхьакъым армыхъу. Дунейм теткъым ар зэдэIуэн, нэхъ ерыщ къигъэщIам яхэткъым.
***
Париж, 1728
Iэджэ щIащ уи тхыгъэ кIапэ къызэрысIэрымыхьэжрэ. СогъэщIагъуэ зэрыпхуэшэчыр. Мазищ и пэкIэ жэуап нэстхыжын мурад сиIат, зы Iуэхум нэгъуэщI Iуэху къытехъуэурэ екIуэкIащи, хъыбарыр си гъунэжщ, къызэрыщIэздзэнуращ сымыщIэр. Мадам Болиргброк гукъыдэмыжти, абы селIалIэурэ, зэманыр кIуащ. Мадам де Ферриоли къысхухыхьэжащ абы – ари сымаджэщ, шэчыгъуей хъуащ. Д’Аржанталь мадемуазель де Тансен къыкIэлъижыхьыркъым, зэзэмызэ IущIэ фIэкI.
Мадам де Тансен зыкъысхуегъэгусэ и унэ сызэримыхьэм щхьэкIэ, зыкъысхуигъэгусэ дэнэ къэна, бий сищIащ. Езыри къыткIэлъыкIуэркъым, сэ унэм сису къищIамэ. Ар сигу къеуэ и гугъэщ мадам де Тансен. Зымахуэ дызрагъэкIужын я гугъащ. Де Ферриолхэ я хьэтыркIэ секIужынут, я хьэтыр слъагъун хуейуэ къыстохуэри. ДызэмыкIужамэ, зи лажьэр езыhащ, абы игу къыщIызэбгъэн лъэпкъ езлэжьыркъым сэ…
Хъыбар зэшыгъуэщ нэстхыр – уигу къызэбгъэми, схуэфащэщ. Зы хъыбар ныпхуэстхынщи, нэхъ пфIэгъэщIэгъуэнынкIэ сыгугъэнщ. ЛIы гуэрым и хъыбар зэхэсхащи, аращ узэзгъэдэIуэнур. Илъэсих е илъэсибл хъуащ ар Париж къызэрыдэтIысхьэрэ. Абы лъандэрэ зы махуи дэкIакъым псы Iуфэм мыкIуауэ: шэджагъуэ хъуамэ, псы Iуфэм макIуэри сыхьэтих хъуху къыIукIыркъым – къокIукI-нокIукIри Iутщ псы Iуфэм. Абы и хъыбар хуахьащ зиусхьэн Эро: «Сыт мыр зищIысыр?» - жари. Зиусхьэн Эро ириджащ лIыр. Ириджа щхьэкIэ, хуэкIуэкъым: «Сэ полицэм Iуэху щызиIэкъым», - жери. ЩыхуэмыкIуэм, езы зиусхьэн Эро лIым кIэлъыкIуащ, и фэтэрым щIыхьэри лIыр зригъэцIыхуащ. ЛIыр тхылъым хэсу ирихьэлIащ зиусхьэн Эро. «Сыноджат, щхьэ унэмыкIуарэ?» - щыжриIам, къритыжа жэуапыр мыращ: «Зиусхьэн, сэ уи ныбжьэгъухэм сащыщкъым, тхьэм и шыкуркIэ, полицэми Iуэху щызиIэкъым». «Ар пэжщ, - жиIащ зиусхьэн Эро. – Къуаншагъэ ббгъэдэлъу сщIэркъым, апхуэдэ хъыбар къысIэрыхьакъым. Махуэ къэс псы Iуфэм сыхьэтитху ней щыбгъакIуэр пэж? Сыт ар къызыхэпхыр?» «Къызыхэсхыращ, - къыжриIэжащ лIым, - ар узыншагъэмкIэ сэбэпщ. Апхуэдэ хьэл щIызиIэр пщIэнщ, сыкъызыхэкIа лъэпкъыр бжесIэмэ (лIакъуэлIэш лъэпкъ цIэрыIуэ къызэрыхэкIар къыжриIащ). Ливр мин тIощIрэ тхурэ сиIати, Реформэм и ужькIэ къысхуэнэжар щитху къудейщ. Си мылъкум елъытащ нобэ сиIэ хъуа псэукIэр. Тхылъ фIэкI къысхуэнакъым, тхылъым сыхэкIмэ, махуэр псы Iуфэм щызогъакIуэ, мы фэтэр Iэзэвлъэзэвыр егъэзыпIэ щIэсщIари аращ. Ди гъунэгъу шхапIэм лы гъэва къыщызощэхури, аращ сшхыр. Пщэдджыжьым жьыуэ сыкъотэдж, шэджагъуэ хъуху тхылъым сыхэсщ, шэджагъуэ нэужьым псы Iуфэм сокIуэри жьы къабзэкIэ собауэ. Си щхьэ сыхуитщ, зым и IэмыщIи силъкъым, сынасыпыфIэу зызолъытэж». Зиусхьэн Эро фIэделакъым лIыр. ЛIым и хъыбар королым хуихьащ. «Сымаджэ хъумэ, хущхъуэ уасэ игъуэтынукъым, - жиIащ королым. – Ливр щищ пенсиону зэрыхуэзгъэувыр жефIэ абы». Зиусхьэн Эро лIым деж цIыху игъэкIуащ: «ЗгъэгуфIэнщ», - жери. ЛIым къэкIуэн идакъым: «ЖыжьэIуэ сыщопсэу, гъуэгупщIэ сиIэкъым»,- жери щхьэусыгъуэ ищIащ. КъыщыхуэмыкIуэм, езы зиусхьэн Эро кIуащ лIым деж, королым ливр щищ пенсиону зэрыхуигъэувар жриIэну. ЛIым идакъым: «Ливр щитхум срокъу, лей сыхуейкъым», - жери. ХуэмыщIауэ псэуми, лIыр, зэрыжаIэмкIэ, нэжэгужэщ, жан гуэрщ. НыбжьэгъуитI иIэщи, тIури еджащ. А тIум щаIуощIэ псы Iуфэм. ЦIыхум и нэгум иплъамэ, зищIысыр къыбжиIэфынущ лIым, зэрызэхэсхамкIэ. Зым йоплъри, жеIэ: «Абы укъигъэпэжынукъым, уищэфынущ». ЕтIуанэм щхьэкIэ: «Ар жыпиIэбэщ», - жи. Ещанэм щхьэкIэ жиIэращ: «Напэншэщ, абы фыхуэсакъ».
***
Париж, 1731
… Сызэрысымаджэр игу щIыхьащ шевалье, сылIэн и гугъэщи, гужьеящ. «Зыгуэр къыпщыщIмэ, сыкъелынукъым», - щыжиIэкIэ, сигу щIогъу шевалье. Уэ уощIэ сэ ар зэрыслъагъур. АпхуэдизкIэ зыхищIащи, и нэпсым къызэпимыжыхьауэ къысIуплъэфыркъым. Мадам де Ферриоль зэгуэрым къызэупщIыгъащ: «Сыт ар къызэрыдэпхьэхар?» - жери. Мадам де Ферриоль игу техуэркъым шевальем фIыуэ сыкъызэрилъагъур, къызэрызэфыгъуэри зыхызощIэ: езыр фIыуэ щалъэгъуа къэхъуакъым…
***
Париж, 1732
… Махуих хъуауэ сыхэлъщ, узым сызэщIиубыдауэ. Нобэ сынэхъыфI хуэдэщ. Узыр къыщыстехьэлъэпа махуэм зиусхьэн С. къезгъэшати, къысхуагъэзакъым – уи хъыбарыфIкIэ сигъэгуфIэн си гугъащ. Ноби къэкIуащ ар, абы къызжиIащ мадемуазель Дюкрест зиусхьэн Пикте зэрыдэкIуар. Уи насыпщ уэ, фIыуэ зэрылъагъуитIыр псэгъу щызэхуэхъу дунейм утетщи. Апхуэдэ насыпым сыхэкIыжа хъунщ сэ. Зиусхьэн С. къызжиIащ узыншагъэкIэ гуныкъуэгъуэ узэримыIэр – абы сызэрыщыгуфIыкIам щIэ щIэткъым. ИгъащIэкIэ сигу илъынущ уэ гуапагъэу бдэслъэгъуар.
Сыхъужыну къызжаIэ щхьэкIэ, нэхъыфI сызэрыхъу щыIэкъым, с къарур махуэ къэси зэрыкIуэщIыр зыхызощIэ. Тхьэм фIэкI, нэгъуэщI сызыщыгугъын сиIэжкъым. Тхьэм и къарур инщ – къысхуищIэнумкIэ хуитыр езыращ. Сигу къеуэр сабийращ. Шевалье сыкъызэригъэгугъар къысхуимыщIэжмэ, афIэкIа зыхуэзгъэзэжыфынутэкъым. Ар, дауи, тыншкъым си дежкIэ, сихьынкIи мэхъу. Сыт сщIэн: ара хъунщ си натIэм къритхар. Сэ ар фIыуэ солъагъу иджыри, езыми сыкъелъагъу – абы шэч къытесхьэркъым, уэр фIэкI си дзыхь зэзгъэзын слъагъуркъыми, аращ…
***
Париж, 1733
Си хъыбар щIэх-щIэхыурэ уэзгъэщIамэ, узэригуапэр къысхуэптхащ. Ар узэригуапэр сощIэ, абыкIэ шэч къысхуумыщI. Уэр нэхъ пщIэ зыхуэсщIрэ нэхъ слъытэрэ дунейм теткъым. Аращ сытри дзыхь щIыпхуэсщIыр. Дунейм сехыжмэ, щIым здыщIэсхьэнщ уэ пхузиIэ гурыщIэ къабзэр. Иужьрей мазитIым нэхъыфI сызэрыхъуа щыIэкъым. Дапщэщми, сыт и мыхьэнэж: гува – щIэхами дунейм дехыжынущ псори. НасыпыфIэ сыхъун си гугъащ, сымыхъуамэ, хэт бгъэкъуэншэн?
Си фэм зихъуэжарэ зимыхъуэжарэ укъыщIоупщIэ. СыкъэпцIыхужын си гугъэкъым, сыкъэплъагъумэ. Сыфагъуэщ, си нэщIащэр иуэжащ, къупщхьэм сыхуэкIуащ, сыжэщIри…
***
Париж, 1733
… АпхуэдизкIэ къарууншэ сыхъуащи, сыкъызэфIэувэжыфыркъым. Сэ къэгъэщIэнур къэзгъэщIа хъунщ: дунейм сыщехыжыну дакъикъэр къызэрыблэгъар зыхызощIэ. Сигу къеуэркъым дунейм сызэрехыжыр. Софи тхьэмыщкIэр зы лъэбакъуэкIи збгъэдэкIыркъым, ар мыхъуамэ, ноби сыкъэмысынкIэ хъунт. И нэпсыр щIилъэщIыкI зэпытщ тхьэмыщкIэм, игу зэрыхэщIыр солъагъу… Сэ сримыIэжми, ар зыми хуэныкъуэнукъыми, а зыр си гурыфIыгъуэщ: си ныбжьэгъухэм псоми фIыуэ ялъагъу ар. ТхьэмыщкIафэ къытезмыгъэуэн мылъку къыхузогъанэри, ари Тхьэм и фIыщIэщ. Шевалье къыстегужьеикIащ, сыкъыщилъагъукIэ къыщиудын хьэзырщ. Сабийм къыщхьэщыжынрэ зи нэIэ къытетынрэ иIэщи, си гур мамырщ…
Къару сиIэжкъым, дызэрымылъагъужмэ, псэм хуэдэу узэрыслъэгъуар уигу игъэлъ. Тхьэм и гущIэгъум дыщыгугъын фIэкI, сыт къытхуэнэжрэ? Дунейм сызэрехыжыр къызэхьэлъэкIыркъым, си напэр къабзэу сохьэж ДыкъэзыгъэщIам и пащхьэ. Ар насыпщ сэркIэ.
| {
"source": "adygabza.ru",
"id": "aisse.txt"
} |
Гугъэм хуэуса
Си бгыр япэщIэскъузащ гугъуехьхэм, гъазэ хэмыту.
Жан срихъуащ нэху кIанэу къещэщэх нэпсым.
Гукъеуэхэм гурыфIыр къыдагъэгъуэтхэ
Афэ джанэ зыщызодзэ, сыпоув лIэщIыгъуэм.
ЩэныфIэныр уэ уи фэщ, зышыIэныгъэри сэ
Дзэшхуэр тхуапI, тхуалэжь щэхуурэ щIэуфаурэ
Бэракъ тхуэхъуну зыкъызредзэкI си натIэм,
Хъыуэ дызыпхым си Iэр ажал лэныстэ яхуохъу.
Дунейр псори зэшу зыбжырщ дэ ди уэрэдыр,
И уафэр цIыху псоми я хьэсэ зэхуэдэу.
ФIамыщ'Iауэ яуса
МафIэу мысын, ер мыгъеиныр слъэмыкIын защIэщ сэ.
Си гущIэм и макъым уримынэщхъей
СыIэщIэкIыныр, къэмыхъун Iуэхущ, къысхуиухахэм
Си щIыб ислъхьащ, иухар арати, гунэджыншэныр
Уэрщ изыдзар псы къуий куум, умыщIэххэу, а мывэр.
КъыпэIу макъым Iун имухын къэтэджыж махуэр къэсыху
Iэмэнэт лъапIэ гуэру, щэху махуэ гуэру,
УкIытэгъуэу ягъэпщкIум хуэдэу узохъумэ уэ.
Сигум зауэ-банэм и дуней къутэж щокIуэкI,
СыщодахащIэ уи цIэм тхылъ напэхэм зыдитым.
Пщыхьэщхьэ къэс а пщIыхьэпIэм зыхухызопхэж,
Си псалъэхэр щиух щIыпIэм уэ укъыщеублэ.
Илъэсхэм си натIэ къытрадза хъийм
Жьы ищIащ си щхьэр хьэрэмэ Iуащхьэу.
ЕзгъэщIрэ си плIэр Iуащхьэжь уэсылъэхэм
Ух имыIэу жей IэфI сыхилъафэтэмэ зэ.
А хужь нэ къуэлэн!
Илъэс бжыгъэ къудей фIэкIа мыщIар тпэжыжьэу жытIэу
Мы ди псэукIэ пхэнжыр щIэдукъуэдийр сыт?
УфIэмыщI ди яку дэлъ жыжьагъхэм сыпкIэрачыфын,
Зы псэ хуэдэу дыщытыныр илъэсхэм жьы яхуэщIын.
Зы жэщ жей хуэдэкъэ-тIэ зэманыр псори,
Илъэс Iэджэ икIуау щытми ди зэпэIэщIэным.
Пэувхэу ягъэувыIа лIым, запэщIесэ, япоувыж.
ФIэукIытэгъуэщ, фIэшынагъуэщ псэууэ защIригъэтIэн.
Сэ си махуэхэр сфIэзыхь мы хьэлыгъу кIанэр
ХэтIысхьауэ хэсщ шэпхъ фIыцIэу си гущIэ дыдэм
Зы лъэбакъуэ тчамэ дыкъэзыщIыхьхэр зэхэлъалъэнт
Хэт ищIэн, ткIунти ежьэжынт ди лъэм илъ лъэхъухэр
Уа, жей IэфI! Уа си анэ! КъыслъэIэс, сыгъэIуэтэж
Саущэгуащ си акъылым и зэгъэзахуэхэм
Уа, анэ! Уа, жей IэфI! Уа, хужь нэ къуэлэн!
Зэмыблэжыныгъэм сылъэIэстэм, хьэуэрэ сIуатэжтэм
Къамыл пщыIэ къысIэщIохъуэ зэу захъуэжри
Къалэшхуэ зэхэфыхьам и унэ зэтетхэр.
Умыдэ уахътыуэ сиIэр уэ птемыухуамэ,
Сыхэгъэзыхь пщIыхьэпIэхэм щыслъагъухэм нэгъунэкIэ.
Уи щымыIэныгъэр си гущIэ блын щIыIэу къыщыдырещIей.
Лъы зэриубыда Iэпэщ, пщIэрэ, уи къысхуэгуфIэкIэхэр?
Нэху лыдыгъуэ
Уи нэхэр си гущIэм къемыIусэ ипэ,
Истанбылри а бзу цIыкIухэри дэнэ щыIахэ?
Тенджызурэ си бзэм и псалъалъэ тхылъыр,
Къуэш къысхуэхъуа уэрэдхэр, дэнэ щыIахэ?
Си гущIэм зыкъызэщIищIауэ ит зэпыт пшэр;
Мэзыр, псышхуэр, гъагъэр дэнэ щыIахэ?
Нэху гуэрым и бзийуэ а уи Iэпэхэр
Анэм, шыпхъум я Iэхэр дэнэ щыIахэ?
Сыхьэту теуэр си хэку и гъыбзэ макъ къысщохъу
Зауэр, банэр, кIуэдыжыр дэнэ щыIахэ?
Уи нэхэр си гущIэм къемыIусэ ипэ
Гукъеуэр, гурыфIыр, пщIыхьыр дэнэ щыIахэ?
Гуэн щIэтIа
Къиубыдэ уи нэхэр си гум ику дыдэм
Уи щэху езмыгъэумысын гуэн щIэтIащ си гур.
Къыхэшийэ уи гурыфIхэр си пщIыхьэпIэхэм
Сыуизыгуэр къудейкъым сэ, сыуэуэй защIэщ.
Мы къытхуиухахэр дэ зэдэдипсэупIэщи,
СыуигухэщIщ, сыуигухэхъуэщ, сыуигугъапIэщ сэ.
Си щIыр, си псыр, си дыгъэр уэращ.
Уи шхыр, уи псыр, уи уафэр сэращ.
Дыкъызэдэушащ, зы жей къыздэджейрэ пэт,
Уи япэр, уи яужьыр, уи жьыу уи щIэр сэрщ.
Ди зэпыпщIэныр зэпыпщIэ щIэплъкъымэ
ФIыуэ зыхэщIэ узисыт, сыуисыт сэ уэ…
Псы гуэн
А зи гуфIэкIэхэм къурмэн зыхуэсщIын!
Сыту пщIэ гъэкIуэд мы дыкъызхэхуар
Уи зы къэплъэкIэ щIэрыпс сызэщIиубыдащи,
ЗэфIхэм я плъэкIэ ар, хьэмэ зэбий къэплъэкIэ?
ИрекIу, иремыух ди зэхущытыкIэ щхьэ Iэтар
ЛIэщIыгъуэм хузэфIэмыкIыж Iуэхугъуэщ тIэ ар.
ГъущIэжауэ псы гуэнщ си гур, ныщомыпщIыхьым,
Лъагъуныгъэу пхузиIэм псэр щIат уасэу
Уа, си бзэгу! Си гум и сабий зеиншэ!
Уи гъуэмылэр гъыбзэуэ дунейр пхьыну...?
Уи нитIыр си гум и щIэубыдапIэщи
Утыкушхуэ схуохъу, схурокъу сэ ар.
Си пщIыхьэпIэхэр псори уэркIэ къэщIыхьащ,
Си Iупэрщ лъэмыIэсыр зэикI а уи Iэхэм.
Iэм хуэуса
Уи Iэхэм зешэкIыж, си гум ику дыдэ!
А мазэгъуэм купхъ фэплъу ириIа Iэхэм
Гъатхэурэ уи Iэхэм щытIагъэ пщIыхьхэр,
Уафэрыхыу къех уэрэдхэр ешэкI уи Iэхэм.
А уэсу уи Iэхэм, а IупэфIэгъуыIэхэм
Жэщ, махуэ жумыIэу хуэкIуэ а Iэхэм
Жьыбгъэра, дзэшхуэра пызупщIыр си гъуэгу?
НыхуэкIуэм къыпэувыр дапщэ, уи Iэхэм?
Сухарэ мы хьэлыгъу фIыцIэ гъур бзыгъэр
СыхуэIэпхъуарэт жеIэ гум, а IупэфIэгъуыIэхэм.
ЛIэныгъэ
КъакIуэт зэгъащIи зыхэщIэт къуэкIыпIэ гукъеуэ щабэр.
Гум телъхэракъэ тIэ мылIэжын дызыщIыр?
ЗыппэIуздзыху нэхъри упэгъунэгъу сынохъу
Iэпхъуэныр си натIэщ, пхуэзэшыныр жьыуэ щIэтынущ си пкъым
Мы дуней бгынэжаифэм къыхэкI пIейтеиныр
Хэзгъэзэгъащ си пкъым щыщ дыдэм хуэдэу.
Псалъэм я лейщ уи зущэхуныр, гулъытэ защIэщ.
ЛIэужьыгъуэ миным хузохь, Iэджэм гур хуешэ.
Си пкъыр зэшэзэпIэу щIым хэхуэмэ зэгуэр
Шэкъым къыстехуар, уи къэплъэкIэ гусарщ.
ИтIанэ лIэныгъэр хьэщIэ къыщысхуэхъуам
Зэхэпхынур, фIым кIэлъыпхъуэж гум и лъэ макъыращ.
Си адэ хуэуса
МазэщIэм еплъурэ тхьэ елъэIурейт
КъыпащIыкIа къудамэщIэр псэкIэ игъейт
И нэпс къекIуэт, тхьэм ифIхэм я гугъу хуэпщIамэ
КхъуэщынкIэ зырихьэт гъатхэр, щIымахуэми
ФIэлIыкIри, гурыфIри хигуашэт и нитIым
Тхылъым хуэнэгъуджэншэт и нэ хэплъэрейхэр
Си анэм и къуэувапIэ махуэр езырат
ГукIэ фIыуэ илъагъут пасэрей Iэлыфбийр
ЩIыми псыми я фIышхуэт, лIэныгъэм хузэпэщт
КъыздырихьэкIт и лъэпкъыр, и теплъэм ар къыхэщт
Таурыхъ пэж игъэIуащ лъагъуныгъэкIэ, напэкIэ
И джийм хьэрэм ехыным зырибиймкIэрэ.
ЗэзыдзэкIар Гуащокъуэ Абдулщ
| {
"source": "adygabza.ru",
"id": "akif.txt"
} |
Адыгэбзэ щIэнIуатэ Черкесск щызэхэтащ
Дыгъэгъазэм и I8-20 махуэхэм Черкесск къалэм щекIуэкIащ егъэджэныгъэм и пщалъэр зыубзыху къэрал стандартыр гъэзэщIа щыхъу иджырей зэманым лъэпкъыбзэ куэдым ядэщыIэ адыгэбзэм иIэ щытыкIэмрэ зэрызиужьыфыну Iэмалхэмрэ теухуа конференцэ. Ар къызэрагъэпэщат Къэрэшей-Шэрджэс республикэм и Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я хасэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ тхыгъэтедзэнымкIэ КъШР-м и министерствэмрэ.
ЩIэнIуатэм и лэжьыгъэм хэтыну, кIэлъыплъыну кърихьэлIат КъБР-м, АР-м, КъШР-м щыщу бзэм елэжь щIэныгъэрылажьэхэр, егъэджакIуэхэр, методистхэр, аспирантхэр. Пленарнэ зэIущIэм къыщыпсэлъахэщ Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ тхыгъэтедзэнымкIэ КъШР-м и министр Кратов Евгений, Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ къэхутакIуэ институтым и лэжьакIуэхэу щIэныгъэлI БакIуу Хъанджэрийрэ Хъуажь Фахърирэ, Адыгей Республикэм щIэныгъэ къэхутакIуэ институтым и лэжьакIуэ Агъыржэнокъуэ Симхъан сымэ.
Конференцэм и лэжьыгъэр нэхъыбэу зэрекIуэкIар адыгэбзэщ. Абы къыщаIэта Iуэхугъуэхэр щызэпкърахащ секцэу 6-м. ЩIэнIуатэм и къызэгъэпэщакIуэхэм яубзыхуа унэтIыныгъэхэм ящыщт: лъэпкъыбзэ куэдым ядыщыIэ анэдэлъхубзэр хъумэным икIи зегъэужьыным и хэкIыпIэхэр; анэдэлъхубзэмрэ егъэджэныгъэм и пщалъэр зыубзыху къэрал стандартымрэ; бзэр курыт, еджапIэ нэхъыщхьэхэм зэрыщаджым хабзэ яхуэхъуа Iэмалхэмрэ щIэуэ къэунэхуа бгъэдэхьэкIэхэмрэ; иджырей технологиещIэхэр еджапIэхэм къызэрыщагъэсэбэпыр; адыгэ литературэбзэхэмрэ адыгэ тхыбзитIым я зы тхыпкъылъэмрэ; IуэрыIуатэр, бзэр, лъэпкъ хабзэр егъэджыныр егъэфIэкIуэныр; нэхъыщхьэ, курыт, пэщIэдзэ еджапIэхэм анэдэлъхубзэр щегъэджыным и методологиер, щIэнхабзэмкIэ къэрал IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэныр; хэхэс адыгэхэм анэдэлъхубзэр яджынымкIэ Iуэхур зытетыр, нэгъуэщIхэри.
КъБР-м икIыу Черкесск зэхуэсым и лэжьыгъэм жыджэру хэтахэм ящыщщ КъБР-м ЩIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Бекъан Масирэт, КъБКъУ-м и еджэныгъэ-методикэ Управленэм и лэжьакIуэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэм и къуэдзэ, конференцэм и къызэгъэпэщакIуэм и къуэдзэ Щоджэн Iэминат, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм адыгэбзэкIэ къыдэзыгъэкI къудамэм и редактор Мэлей ФатIимэ, КъБКъУ-м и аспирантурэм и еджакIуэхэу Ардав Залинэ, Еутых Аднан, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэм жыджэру хэлэжьыхьащ илъэс куэд хъуауэ егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрыт егъэджакIуэ Iэзэхэр, ахэр я лэжьэкIэмкIэ, къагъэсэбэп IэмалхэмкIэ ядэгуэшащ къызэхуэсахэм.
Конференцэм и къызэгъэпэщакIуэ, Къэрэшей-Шэрджэс республикэм и Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я хасэм и Тхьэмадэ Уэхъутэ Александр зэIущIэм кърихьэлIахэм фIыщIэ яхуищIащ, анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ абы зегъэужьынымрэ гууз-лыуз зиIэ дэтхэнэми хузэфIэкI къэмынэу а IэнатIэ мытыншым ехъулIэныгъэхэр яIэу пэрытыну ехъуэхъуащ.
Дунейпсо щIэныгъэ конференцэм хэтахэм абы щытепсэлъыхьа Iуэхугъуэхэм къыхагъэщахэмрэ къалэн зыщащIыжахэмрэ къыщыгъэлъэгъуа резолюцэ къащтащ. Мыгувэу къыдэкIынущ щIэнIуатэм хэтахэм я къэпсэлъэныгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъ.
Къэрэнашэ Мадинэ
| {
"source": "adygabza.ru",
"id": "amina.txt"
} |
Ахматова Аннэ
***
ТIощIрэ езанэщ. Жэщщ. Блыщхьэщ.
Щыхьэр нэзхэм кIыфIыгъэр щхьэщытщ.
Зэхилъхьакъэ Iуэхуншэ гуэрым
Лъагъуныгъэ тету дунейм.
Щхьэхынагъэм е зэшым къыхэкIми
Я фIэщ хъуащи апхуэдэу мэпсэу:
Зэхуозэш, зэпыкIын мэшынэ.
Яус лъагъуныгъэ уэрэд.
Арщхьэ иныкъуэхэм щэхур къаумысри
Щымагъэр я гущхьэм телъу мэпсэу.
Ар къэсхутащи сэ зэрымыщIэу
Алъандэм сыхуэдэу сымаджэм сопсэу.
ЗэзыдзэкIар Кърымщокъал Маринэщ
***
Щыскъузащ IэлъэщI щIагъым си IитIыр
- КъыпщыщIар сыт, щхьэ уи фэр пыкIа
Ар гукъеуэу сиIам чэф ириту
НэгъуэщI гуэр езгъэфащи аращ.
Схуигъэхунукъым си гум игъащIэм
Гуауэ уи нэм абдеж щIэслъэгъуар…
Зыбгъэзэжри сабий зекIуагъащIэу
ПщIантIэм уэ удэкIыжу слъэгъуащ.
СыщIэпхъуащ сыпкIэлъыжэу: «ГушыIэщ
Ахэр псори, бжесIакъым зы пэж!»
УкъэгуфIэщ ерагъкIи зыпшыIэу
КъызжепIащ: «ЩIыбыр щIыIэщ – гъэзэж!»
***
СащIыгъукъым сэ, къагъанэу я щIыр,
ЗызыщIыжахэм хьэжрэт,
СедэIууи я щытхъупс фэрыщIым
Ястынкъым ахэм си уэрэд.
А цIыхухэм ену кIыфIщ я гъуэгур
Бий дащIыжами, сфIэпсэкIуэдщ:
IэфIыншэщ щомышх щIакхъуэр Хэкум
Хуитщ иремащIэ, ирекуэд.
Мыбдеж дэ мафIэм дыздыхэтым
ЗэхудиIакъым зэи щысхь,
Хэку хуитыныгъэм щхьэкIэ хэти
ИщIащ щIалэгъуэр щхьэузыхь.
Ди нобэр, дощIэр дэ, мытыншми
КупщIафIэ хъунущ ди пщэдейр.
Дэр хуэдэ пагэ е нэпсыншэ
Къыщыбгъуэтынукъым дунейм.
***
Пщыхьэщхьэ нэхур гъуэжьщ, шэщIащ
ГумащIэщ гъатхэ нэфIэгуфIэр
Уэ илъэс куэдкIэ зыпIэжьащ
ИтIани уэ сыныпхуогуфIэр.
Уи нитI гуфIэжхэр къызэгъэплъ
КъызбгъэдэтIысхьи нэхъ гъунэгъуу
Мы тетрадь щхъуантIэр щтэи еплъ –
Си гухэлъ усэм и цIынэгъуэщ.
Уэрыншэу гъащIэ къэзгъэщIам
СыхуэгуфIакъым дыгъэм щызу.
Схуэгъэгъу уэра зэрысфIэщIар
Къысхуэза гуэрхэр ущызмыщIэм.
***
Къызэджэт макъ сэ, сигу фIы ищIу,
КъызжиIэт: «КъакIуэ уэ си дей,
Къэгъанэ гуэныхьыбэ уи щIыр,
Уэ къыпхуэщIыIэ Урысейр.
Сэ уи Iэм лъыр фIэстхьэщIыкIынущ
УсщIынущ напэм ухуэдэгу
Сэ нэгъуэщIыцIэ фIэсщыжынущ
ГухэщIрэ фэбжьу илъым уигу».
АрщхьэкIэ си Iэхэр тхьэкIумэм
Сэ сымыпIащIэу дызохьей,
А псалъэ лейхэм псэмрэ гумрэ
Ирамыхьэным щхьэкIэ фIей.
ЗэзыдзэкIар Бемырзэ Мухьэдинщ
| {
"source": "adygabza.ru",
"id": "anna.txt"
} |
***
Ди сэшхуэхэр щызырехьэхыу бийм я щхьэщыгум
Дэрмэ дыхуарзэу, дыджэрэзу щхьэл мывэхэм хуэдэу…
ЦIыхубз дахэ дапщэм ялI хэзгъэхуа мы сабэхэм, псэ яIумытыжу.
Избзэрэ я пщэ лъынтхуэр IупщIакIэ ущIахэм ещхьу.
Зэ епхъуэгъуэ сщIыт ахэри, лъыу ящIэтыр къэунэщIт…
Дауэ уемупщIынрэт а шухэм уэ Жан гуащэ
Уащымыгъуазэмэ уэ си хъыбархэм
Сэращ тесыр сытым щыгъуи а хакIуэм
ПIащэу, лъэщу, и щIыфэр дыркъуэкIэ гъэщIэрэщIау…
ЗауэлIхэр абы тозэрыгуэ, увыIэгъуэ имыIэу
Ар езыр яхуэгъэзащ зэм бжьыкIэ (1) узэда бийхэм,
Зэм я шабзэр къэзышэщIа лIыхъужьхэм…
КъыбжаIэнщ зауэ зылъэгъуа псоми
А нэхъ пхъашэу зауэу щыIэр зырысэрар
Ауэ а нэхъ жыжьэ дыдэ IукIри сэращ
Къуентхъыу къаIэрыхьахэр щызэхуаугуэшыжхэкIэ.
_____________________
(1) Бжьырэ мэIу'рэ къызэфти сыпыджэнщ. Хъыбарыжь.
ЗэзыдзэкIар Гуащокъуэ Абдулщ
| {
"source": "adygabza.ru",
"id": "Antara.txt"
} |
Мирабо лъэмыжыр
Мирабо лъэмыжым щIож Сен’ымрэ
Ди лъагъуныгъэхэмрэ.
Сигу къэзгъэкIыжын хуей нобэ, ауэ сыздэщытым
ГуфIэгъуэр къызэрысар, къыкIэлъысу гугъехь…
Теуэ сыхьэт махуэ! Къэс жэщ гуапэ,
Махуэр макIуэ, сэ сыкъонэ, щэхуурэ.
Си Iэхэм IэщIэлъу уи Iэр, дыщыгъэт ди нэкIу зэтау.
Ди Iэблэхэр лъэмыжу
ЩIыреж и щIагъ, есурэ
Мыужьыхын плъэкIэхэр, ешаелIа толъкъунхэр.
Теуэ сыхьэт махуэ, къэс жэщ гуапэ,
Махуэр макIуэ, сэ сыкъонэ, щэхуурэ.
Лъагъуныгъэрщ мы блэжыр, псым хуэдэу бложри йожьэж.
Лъагъуныгъэр блож гущэ,
ГъащIэм хуэдэу, гурыфIыгъуэхэм хуэдэу, щэхуурэ,
Къэмыплъэу, къэмыдаIуэу.
Теуэ сыхьэт махуэ, къэс жэщ гуапэ,
Махуэр макIуэ, сэ сыкъонэ, щэхуурэ.
Махуэр макIуэ, тхьэмахуэр макIуэ,
БлэкIа зэману
Лъагъуныгъэу, щымыIэ къэзгъэзэжын.
Мирабо лъэмыжым Сен’ымрэ ди лъагъуныгъэхэмрэ щIож, щIэжынущ.
Теуэ сыхьэт махуэ, къэс жэщ гуапэ,
Махуэр макIуэ, сэ сыкъонэ, щэхуурэ.
ЗэзыдзэкIар Гуащокъуэ Абдулщ
| {
"source": "adygabza.ru",
"id": "apoliner.txt"
} |
IЭКУАНДЭ ДАХЭ
Мис, тыкуэным зричауэ уэрамым ирожэ. И теплъэр жыпIэмэ, ар игъэзэщIэну зыхуэпIащIэ къалэным зэригъэзэхуэну и пщэ дилъхьа нэхъей, «хэт сэ сыкъэзымылъагъужар» жыхуиIэ псалъэфэм и сурэтщ къалэкур зи куэбжэпэ унэгуащэр. Щхьэцыр IэгукIэ ирилъэщIэкIа къудейщ, ижьаи имыжьаи. ПщIантIэм зэрыдэт хъэлатымкIэ къыдэжащ, зэплъыжаи зэмыплъыжаи. Маникюркъым, макияжкъым. Хиджабкъым, джилбабкъым. Ауэ умылъагъу нэпцIу зыблебгъэхыну плъэкIыныр къызогъанэри, дыгъэ гуащIэм жьауэм укъызэрыхэнэм хуэдэу щхьэхуимыту укъыбгъэдонэ. Зыуи зищIкъым. ЖаIэ хабзэ фIэкIаи жиIэкъым. Абы уегъэбэлэрыгъри, и гупсысэ къызэрымыкIуэхэм уапхъуэтэху къыпфIэмыIуэхуу зыIэщIэбгъэкIа и псалъэ къызэрыкIуэхэм уакIэлъыIэбэжын хуей мэхъу.
- ПцIы фымыупс, - яжызоIэ. - ПцIыр афияным хуэдэ къабзэщ, къэбгъэщхьэпэн щIэбдзакъэ, узыIэпишэнурэ укъэувыIэжыфынукъым. Абы и ужькIэ дыгъуэныр. Ефэныр нэхъеижитIщ, адрейр жызумыгъыIэххэ…
Зи щытхъу зэхих и сабийхэм зэреущием тепсэлъыхьыныгут Iэкуандэ, ауэ укIытэхыным къыIэщIэкIуэсыкIыну зэрыхуежьэу, зэрыкI мыхъуну хъийр и нэгум къыщIоувэри игъэбакъуэкъым. Аращ къыщIидзэжурэ и жэм лъакъуэм имыукI шкIэхэм щIытепсэлъыхьыр:
- ПцIыр Iей дыдэщ. Псори къыщежьэр пцIым дежщ. «Унагъуэ фихьэми, «Мобыхэ я нысэ пцIыупсыжьыр» къыфхужаIэу», - яжызоIэ.
Еущиеу жиIэу зи гугъу ищIыр иджыри еджапIэр къэзымыуха и хъыджэбзищращ. И щIалэ цIыкIур зекIуа къудейщ.
Я нэхъыжь Iэдииху ебгъуанэм щIэсщ. «Тху» защIэкъым, ауэ зэхихыр къыфIэIуэхуу зэрыхузэфIэкIкIэ фIыуэ йоджэ.
"ТхыдэмкIэ цIыхур номиным къытехъукIауэ жызыIэ дерсым дынэсащ, – жеIэж хъыджэбз цIыкIум махуэ гуэрым унэм къэкIуэжауэ. – Адэкъуэшым, «ауэ сытми «тIу» къэвмыхьын щхьэкIэ тхылъым итыр фигу ивубыди, къывэупщIмэ жыфIэж» жиIати, апхуэдэу сщIащ. "Зыри пхуэзгъэувкъым, тегъэщIапIэ сщIын зыри зыхэзыбгъэхакъым", - къызжиIащ егъэджакIуэм. НтIэ, цIыхухэр Iадэмрэ Хьэуарэ къытехъукIауэ аракъэ?"
«Аращ. «Си фIэщ хъукъым тхылъым итыр» жыIэ, - кърет чэнджэщ Адэшыпхъум. - Сэ школым сыщыщIэсым «Хэт Алыхьыр зи фIэщ хъур?» жаIэурэ къытхэупщIыхьти, си Iэр зэрысIэтам щхьэкIэ «тIу» схуагъэувауэ щытащ. Сыкъелащ, уэри укъелынщ».
«Ди егъэджакIуэм апхуэдэу жеIи, тхьэ, къоуэнщи укъриудынмэ», - погуфIыкI Iэдииху.
«Зэрыхъум еплъ. Ухигъэзыхьмэ, узэгупсысыр жыIэ, ауэ нэхъыжьщ, упэмыпсэлъэж, зэпумыуду езым жиIэр жегъыIэ. Уигу иримыхьмэ, уи тхьэкIумэм йомыгъыхьи зэфIэкIащ, - дыщIегъу, пщыпхъум и жагъуэ зэримыщIыным хуэсакъыурэ, и пхъур зыцIыхуж Iэкуандэ. - Мыбыхэм Мэлычыпхъу и жьэр къащIэкIэжащ, ящIэр жамыIэу хъунукъым».
Шхыдэ зищIми, Iэкуандэ къыгурымыIуэ Iуэхум хэлъкъым, «мэлычыпхъуищри» тхьэмахуэ махуэхэм гъунэгъу мэжджытым еджакIуэ егъакIуэ, езыми нэмэз ещI.
«Сэ Папэ «Амэнэ рэсулу» сигъэщIащ», - жеIэри иджыри илъэсих иримыкъуа Нуржан къурIэн егъэджакIуэм и пащхьэ йоувэ махуэ гуэрым.
«Папэ нэмэз ищI хъунщ, дауи?» – къохъуапсэ кърихьэлIахэм яз.
«Папэ ищIкъым, ауэ Мамэ «тIэкIу» ещI», - ет жэуап хъыджэбз цIыкIум.
«Азэныр къыщыджэкIэ, «Щхьэ нэмэз умыщIрэ?» - жеIэри къысщохьэ, - мэдыхьэшх Iэкуандэ хъыджэбз нэхъыщIэм здытепсэлъыхьым. – «СопщафIэ», - жызоIэ. «Абы щхьэкIэ къэбгъанэ зэрымыхъунур пщIэкъэ?» - жи езыми. Тхьэ зытрезгъэхьэурэ щыспшыныж къысхуохуэм»…
Ауэрэ зэманыр макIуэ. Щэху зыхуэмыубыд ныбжьым ит Мэлэчыпхъу-нэхъыщIэм унагъуэм щекIуэкIыр щхьэхуимыту ирехьэжьэ:
«Дэ ди Папэ ди Мамэ и гъусэу нэмэз тIэу ищIащ!»
«Зыхэфшауэ ара?» - гушыIэ нэпцIыу щIоупщIэ Iэкуандэ и ныбжьэгъухэр. Iэкуанди и жьэм ета IункIыбзэр кIэрэхъуащи, хъыбарыр и кIэм негъэсыж:
«КхъыIэ, нэмэз щIы!» - жесIэт. «СхуэщIынукъым, ей, сэ а къомыр схузэгъэщIэнукъым», - жиIэурэ зрилъэфыхьт езыми. «Пщэдджыжьыр си гъусэу пщIынщ, жасымрэ уитырымрэ зэгъусэу тщIынщи дыгъуэлъыжынщ», - щыжесIэм, арэзы хъуащ. КъыкIэлъыкIуэ пщыхьэщхьэм сыщхьэукъуауэ къыдохьэж…»
«Нэмэз сыбгъэщIыну жыпIэу езыр угъуэлъыжауэ!» - зэпещIыж бзылъхугъэм и лIым, хуэшхыдэ хуэдэми, ифI игъэIуну амал зэригъуэтам щыгуфIыкIыу, зэрыхуэарэзыри и нэгум къищу.
«ЦIыхуфI» щIыжаIэ нэрыбгэ хьэрэмыгъэншэхэм я щапхъэщ Iэкуандэ. Уэ пхуэди, сэ схуэди щымыIэжкIэ ягъэ кIынукъым, дэ дэщхьхэр гъунэжщ, ауэ мы цIыху щIыкIэм уримыхьэлIэжын жыхуэпIэр псыри, хьэуари, уеблэмэ езы дунейри кIуэдыжыным ещхьщ. Сабийми, балигъми, нэхъыжьми, гъунэгъуми къалъысыр гъэзэщIэн зэрыхуейр Iэкуандэ фIыуэ къызэрыгурыIуэр и хущIэмыхьэкIэм къегъэлъагъуэ. Ауэ ар махуэ къэс узрихьэлIэ цIыхухэм къазэрыщхьэщыкIым щыхьэт наIуэ хуэхъуу дэплъагъур… зыри зэрыдумылъагъум и закъуэщ. «Сыт сщIэуэ (жысIэу, щыстIагъэу, сшхыуэ) зытезгъэпсэлъыхьын» псэукIэ «модэм» емыкIуу, тIэкIуи хуэпасэрейуэ, цIыхухэм захигъэгъуэщэн гукъыдэжым щхьэхуимыту къахегъэлыдыкI жумыIэмэ.
Хьэл дахэ куэд къызэкъуихыфынущ цIыхум. Губзыгъэу, хабзэ хэлъу, зэкIэлъыкIуэу, хьэлэлу, IэбэкIэ дахэу, лъагъугъуафIэу, щIыкIафIэу, макъ жьгъырууэ, къинэмыщIу щытыфынущ. Ауэ а псори бгъэдэлъу щытми, апхуэдэ нэрыбгейм зы дакъикъэ тебгъэкIуадэ нэхърэ, зэ фIыуэ уаукIми нэхъыфIщ. IэпкълъэпкъкIэ узыщымэхъашэм и гуемыIукIэр зыми щыщкъым зи хьэлэлагъыр уи нэм къыщIэзыIу хьэл декIуэкIыгъуей зиIэм елъытауэ. Ауэ жаIэкъым «цIыху гугъу» жаIэу.
Iэкуандэ цIыху тыншщ. ЦIыху тыншыр езыр гугъу щехь къыхуихуэми, упэгъунэгъуныр гупсэхугъуэщ. Абы унагъуэ дахэ зэримыщIэкIынкIэи амал иIэкъым. Япэрауэ, зыхэпсэукI гъащIэм къыщилъыхъуэр езым хуэдэхэращ. ЕтIуанэрауэ, цIыху псэгъэтыншхэр уафэм хьэзыру къехуэхкъым, хьэхууи къащтэкъым. Ахэр гущIэгъур пщалъэкIэ къыщамыпщ унагъуэхэм, фIыуэ зэрылъагъу зэIыхьлыхэм я жьауэм хуэм цIыкIуурэ къыщIохъукI. ИужькIэ дэнэ къыщыхутэми, я дуней тхылъ напэм къафIытенэр дзыхь хуащIын хуэдизкIэ ягъэунэхуа, зи IэфI зыхащIа псэ къабзагъэм и сурэт гурымыхуращ.
ИтIани унагъуэм фэ къытеуэр Адэм нэхъ елъытами, абы щыжьэдэпшэ хьэуам нэхъ хэтыр Анэращ. ЛIыфI къуэфI хуэмыщынкIэи хъунщ, ауэ хэт шэч къытезыхьэр цIыхубзыфIым быныфI зэрыхуэщым? ЛIыфIым щIэблэфIкъым хуэмыщыр, зыгъэуна «фызыфIым» и щIыхуэр тхылъым хутезыгъэкIыжын мелыIычщ, бын тхьэкIумэм и тепщэ Анэм абы Адэм и Iей иримыгъэIуэн хуэдэу.
«Мы жылэр докIуэри унагъуэм бгъэдэлъ мылъкум хотIысхьэ, дэ унэ нэщI дыкъыщIэтIысхьащ, зыри щIэмыту», - хуабжьу жеIэ, псалъэм папщIэ, Ксантиппэ гуэрым. «Пэжу, Сократ[1] лъапцIэу бэзэрым къыщикIухьу слъэгъуат», - йогупсыс Платони[2]. Iэкуандэ ещхьу, Сократи Сократ зыщIыжыр сократыфэ зэрытемытращ-тIэ. «ЗыгуэркIэ, афиндэсхэ, си къуэхэр ин хъурэ щэныфIагъым нэхърэ ахъшэм, е нэгъуэщI Iуэху мыщхьэпэ гуэрым дихьэхауэ флъагъумэ, сэ фызэрызмыгъэпсэуам ещхьу фэри ахэр фымыгъэпсэууэ зэхэзехуэн фщIы; зыри ямыщIысхэу загъэпагэмэ, сэ фызэрызгъэкъуэншэу щытам ещхьу вгъэкъуаншэ, мыхьэнэ нэхъ зиIэр къазэрыфIэмыIуэхум, ябгъэдэмылъIауэ зэрызыхаIэтыкIым папщIэ», - жиIэри дунейм ехыжын ипэ цIыхухэм захуигъэзат жи а лIыфIым. Ауэ хэт зэхиха Сократ и къуэхэм я цIэ?!
ГушыIэр зы лъэныкъуэщи, тхьэмадэр цIыхуфIрэ гуащэр абы имыакъылэгъумэ, - унагъуэр мэтынш, езыр гугъу йохь. ХьэлкIэ нэхъ ехъулIар бзылъхугъэрамэ, - и унагъуэм зэрыкъуажэу дотынш, абы лIы нэхъ мыкIуэмытэри щихъуэжыр нэхъыбэщ. Пэжщ, хъулъхугъэм и пщIэр нэхъ лъагэщ, унафэкIэи нэхъ щхьэхуитщ, ауэ абыи бзылъхугъэм и уафэм имыт вагъуэ хупыгъанэкъым. И хъыджэбзыфIагъыр къыхуэгъэушын-къыхуэмыгъэушынщ. Къэуша ныкъуэи, къэуша нэпцIи, къэушыпаи къахуэмыгъэуши, къахуэмыгъэушыжи къытхэтщ. ХъыджэбзыфIагъым, хэти зэрищIэщи, IункIыбзищ къудейщ иIэр: шынэр, хъуапсэр, лъагъуныгъэр. Е псом щыщи тIэкIу-тIэкIу. ЩIалэфIагъым-щэ? АбыкIэ щIалэфI дыхуэзэмэ деупщIынщ, иджыпсту дызытепсэлъыхьыр ахэракъым.
Ауэ зэщхьитI щызэрихьэлIэи къыщохъу… иджыпсту зи гугъу тщIы Iэкуандэ Дахэ теухуа хъыбарым ещхь таурыхъхэм. Зэрызытепсэлъыхьыжыр къыхуэгъун папщIэ зыхуэпсэлъэж нэхъей, Iэкуандэ зыдигъуэжхэм холъадэ зы напIэ IэтыгъуэкIэ. АпщIондэху зытета щытыкIэм зэрымыщIэкIэ къызэрыщымыхутар уи фIэщ зыщI налкъутхэр къыжьэдощэщ:
«Сэ пцIы сыупсакъэ, сыкъыщIэмыщыжынкIэ мы дуней зы амал иIэкъым, - къыпещэ абы фIызэтеж и Iупэхэр иубыдурэ. - Е сымыщIэххэу зызумысыжынущ, е нэгъуэщI зыгуэру си пцIыр утыкум къихутэнущ. Си щхьэгъусэм «пцIы фымыупс» жыхуэпIэм къибгъэкIыр сыт?» - жи. «Папэ жумыIэ» псалъэ закъуэм фIэкIа хэмыту сощIри, унэм щIэкIмэ къыщыщIыр адэ-анэм яжримыIэжу, и Iуэху зыIутыр унагъуэм ямыщIэми хъууэ иригъэсэнукъэ абы сабийр?!»
Хъыбар дахэ гуэр щыIэщ адыгэ зэчырхэм къыхэщ щихъышхуэ Абдул Къадир Чилани и сабиигъуэм теухуауэ. Ар Iэкуандэ жесIэжыну си бзэгур тепыIэжкъым, ауэ иджыпсту тIури допIащIэри, сэ фэ вжесIэжынщи фэри фыщыхущIыхьэ абы жефIэж.
Чилани и хъыбар
Ар иджыри сабийуэ еджакIуэ ежьауэ, гъусэ зыхуэхъуа сатуущIэ гупым я чырэр хъунщIакIуэхэм япэщIохуэ. Псори къыщахъунщIэм, щIалэ цIыкIури къащ, ауэ зыри щагъуэткъым. Арати, зэрысабийм папщIэ къемылIэлIащэу, «Уэ сыт пIыгъ, щIалэ цIыкIу?» - жаIэри къоупщIхэ. «Дыщэ динар плIыщI сIыгъщ», - ярет жэуап ныбжьыщIэм. Япэрей хъунщIакIуэм зэхихыр и фIэщ мыхъуу дэхьэшхащ. ЕтIуанэми ардыдэр щыжриIэм, Чилани нэхъыщхьэм деж яшэри и пащхьэ ирагъэувэ. «Дэнэ-тIэ здэщыIэр ахъшэр?» - къоупщI аргуэрыр дзыхьмыщIу. «Си джанэм кIуэцIыдащ», - жеIэ Чылани. Ахъшэр къагъуэта нэужь, нэхъыщхьэм Чылани хигъэзыхьащ: «Зэрыдмыгъуэтар плъэгъуат, щхьэ умыбзыщIарэ ахъшэ зэрыпIыгъыр?» «Си Анэр зэи пцIы сымыупсыну къэзгъэгугъащ», - итащ жэуап щIалэ цIыкIум.
АдэкIа Iуэхур зэрекIуэкIар зыIуэтэжхэм жаIэр зэщхьэщокI. Ауэ зэтехуэу зы жаIэ. «Уэ уи Анэр бгъэпэжати укъелащ, КъэзыгъэщIам епцIыжауэ зи гъащIэр зыхь сэ хэт сыкъезыгъэлынур?» - жиIэщ хъунщIакIуэ нэхъыщхьэми, чырэм хэтхэм къатрихар яритыжа нэужь, и закъуэу гъуэгу теувэжат. Ауэ и гъусэхэм ар хуадакъым. «Иджыри къэс ди нэхъыщхьэу ущыщытакIэ, гъуэгу захуэми ущыдигъуазэу ущытыныр тфIэфIщ», - жаIэри, къыбгъэдэнахэщ.
Апхуэдэу пэжыр зи нэрыгъ щIалэ цIыкIум и хьэтыркIэ апхуэдиз цIыхум фIыгъуэр къайхъулIащ.
Iэкуандэ и къуэ Мухьэмэди Чылани ижь къыщIихуагъэныр хэлъщ. Хэт и гугъэнт, узэрыдэхьэ гъуэгу задэм «ВыщхьэфIэч» фIэзыща къуажэ цIыкIум апхуэдэ бзылъхугъэ дэсыжыну? Алыхым удзыфэу къигъэщIа Кавказым «Кавказ плъыжь» фIэзыщыфахэм кърагъэпщауэ щыта жьыбгъэ бзаджэм димыхыфу къыдэнауэ.
[1]Сократ – алыдж ущиякIуэ цIэрыIуэ. Ксантиппэ – хьэлыншагъкIэ цIэрыIуэ хъуа абы и щхьэгъусэ.
[2]Платон – Сократ и гъэсэн, алыдж гупсысакIуэ.
| {
"source": "adygabza.ru",
"id": "aquanda.txt"
} |
Перро Шарль
Шырыкъу зыщыгъ джэду
ЗэзыдзэкIар Нало Заурщ
Еуэрэ-еуэрэт, жи: щхьэлтет гуэрым къуищ иIэти, езыр щылIэм, къахуигъэнаращ – щхьэлыр, зы шыд, зы джэдуухъу.
Адэ щIэиныр зэшхэм езыр-езыру зэдагуэшыжащ, суди нотариуси къыхамыгъэIэбэу – хагъэIэбамэ абыхэм зыIурадзэнут зэшхэм къахуэна мылъку тIэкIур. Нэхъыжьым щхьэлыр лъос; курытым – шыдыр. Къэнэжар джэдурати, ар нэхъыщIэм къыхуонэ.
ТхьэмыщкIэр куэдрэ иринэщхъеящ щIэиным щыщ афIэкIа къызэрылъымысам.
- Си къуэшитIым я шхыныр хьэлэлу къалэжьыфынущ,-жиIэрт абы.- Сэ, джэдур сшхыжрэ и фэр Iэлъэ сщIыжа нэужь, къысхуэнэжыр сыт? Шхын щхьэкIэ сылIэн хуей хъунущ.
Джэдум ар зэхихащ, ауэ зыкъригъэщIакъым: Iэдэбу, егупсысауэ къэпсэлъащ:
- Умыгузавэ, зиусхьэн,-жиIэри.- Мыдэ зы къэп къызэт, шырыкъуитI схуегъэщI, мэзым кърищыпкIухь хъуну – мис итIанэ плъагъунщ щIэиным ухэнарэ ухэмынарэ!
Езы джэдур зей дыдэм ищIэртэкъым абы жиIэр уи фIэщ пщIы хъунрэ мыхъунрэ, ауэ абы фIыуэ ищIэжырт, дзыгъуэ щещэкIэ, а бзаджэм хъуагъэщагъэу къыкъуэкIыр: и кIэбдзыр зыгуэрым фIигъанэрэ зыкъригъэлэлэхыу е хьэжыгъэм хэпщхьэрэ лIагъафэ зытригъауэу… Хэт ищIэрэ, и нэм щынэсам деж, ар къызэрыпщхьэпэжынур.
Джэдур зыщIэупщIа псори къыщыIэрыхьэм, шырыкъуитIыр псынщIэу зылъитIагъэщ, зигъэщIагъуэу тепкIэжри, къэпыр и дамэм едзэкIарэ къэпщхьэпсыр езым фIалъэкIэ иIыгъыу, ежьащ зыщIамыгъэхьэ мэзым кIуэну – абы тхьэкIумэкIыхь щIэзт. Къэпым илът хуэнщIейрэ тхьэкIумэкIыхь къэбыстэрэ.
Джэдур удзыпцIэм хэгъуалъхьэщ аби, лIауэ фэ зытригъауэри, пэплъэу щIидзащ тхьэкIумэкIыхь делэ – бзаджагъэрэ щIэпхъэджагъэу дунейм щызекIуэр зымыгъэунэхуа насыпыншэ гуэр и къэпым къихьэным – абы илъ IэфIхэм зыгуэр къамышэнкIэ Iэмал иIэтэкъым.
Куэдрэ зыримыгъажьэу къэсащ апхуэдэ насыпыншэри – ар щIалэ дыдэрэ жыIэзыфIэщу тхьэкIумэкIыхь делэжь цIыкIути, занщIэу и къэпым къипкIащ.
Джэдум зимыIэжьэу къэпыщхьэр щхьэщепхыкIыжри, тхьэкIумэкIыхьыр пIэтIауэ – лъэкъуауэу ирехьэжьэ.
Абы иужькIэ джэдур, и къуентхъым иригушхуэу, уардэ унэм макIуэри, королым деж щIагъэхьэну мэлъаIуэ.
Йоуэри, щIашэ ар королым и пэшым.
Джэдум пщIэшхуэ хэлъу зи щIыхь иным щхьэщэ хуещIри мэуэ жреIэ:
- Си тепщэ,- жи,- мы тхьэкIумэкIыхьыр маркиз де Къэрэбас (а цIэр иджыпсту къыхуигупсысауэ арат и зиусхьэным) и мэзым къыщаубыдащ. Си зиусхьэным унафэ къысхуищIащ мы тыгъэр мащIэми, уи пащхьэм щызгъэтIылъыну.
- Уи зиусхьэным тхьэигъэпсэу тхужеIэж,- жи королми. – Куэду ди гуапэ зэрыхъуари гурыгъэIуэж.
Махуэ тIущ докIри, джэдур губгъуэм макIуэри, гуэдзым зыхегъапщкIуэр аби, и къэпыщхьэ гуэрыр етIатэ.
Мы зэм абы и хъым ныбгъуитI къохьэ. Джэдум къэпыщхьэр занщIэу епхэжри, тIури королым хуехь.
Королым ахэри и гуапэу Iех аби, джэдуми тыгъэ къыхуащIыну блыгущIэтхэм яжреIэ.
Апхуэдэу кIуащ мазитI мазищ хуэдиз. Джэдум мызэ-мытIэу королым ло-чыцI къыхуихьурэ къритащ, мыр зиусхьэн маркиз де Къэрэбас щакIуэм къыщиукIащ, жриIэурэ.
Ауэрэ зэгуэр джэдум къещIэ королыр каретэкIэ нэгузегъэужь псыIуфэм кIуэну зигъэхьэзыру. Королым игъусэнут ипхъури – мы дунейм нэхъ принцессэ дахэ дыдэу тетыр.
- Чэнджэщэгъу сыпхуэхъу хъун? – йоупщI джэдур и зиусхьэным. – Хъунумэ, насыпыр уи пащхьэ илъщ, уемылъэпауэ. Уэ пщIэн хуейр зы закъуэщ,-сэ жыхуэсIэ псым зыгъэпскIакIуэ кIуэ. Адрейр сэ си Iуэхущ.
Маркиз де Къэрэбасым, зыри къыгурымыIуэ пэтми, джэдум къыжриIа псори, хьэуэ хэмылъу, егъэзащIэ.
Арати, абы зигъэпскIыу псым здыхэсым, королым и каретэр псы Iуфэм къыIуохьэ.
Джэдур цIытхъытхъыу ма;э абы деж, и Тхьэ къызэрихькIэ кIийуэ:
- Уэихь,-жи,-псынщIэу мыдэ фыкъажэ, псынщIэу: маркиз де Къэрэбас псым ехь!
Королым а кIий макъыр щызэхихым, каретэбжэр къыIуех: апхуэдизрэ ло-чыцI къыхуэзыхьа джэдур къыщицIыхужым, занщIэу и плъырхэр игъэкIуащ маркиз де Къэрэбас къыхахыжыну.
Маркиз тхьэмыщкIэр псым къыхахыжыху, мыдкIэ джэдум королым пцIы хуеупс: зиусхьэным зыщигъэпскIым, и щыгъыныр къанэ щымыIэу ядыгъуащ, жеIэри. (Ауэ, пэжыр жыпIэмэ, езы бзаджэжь цIыкIум и фIалъитIымкIэ мывэ щIагъым щIигъэпщкIуауэ арат).
Королым пIалъэ химылъхьэу блыгущIэтхэм яжреIэ пащтыхь гардеробым нэхъ фащэфIу дэлъыр маркиз де Къэрэбас къыхуагъэсыну.
Фащэр маркизым хуэхъуу икIи къекIуу къыщIэкIащ, ар езыр и дахагъэкIи и къуданагъэкIи дэни щытехуэ жыхуаIэм хуэдэти, зыкъыщихуапэм, нэхъ бжьыфIэж хъуащ; принцессэр абы щыIуплъэм, езым фIэфI дыдэм хуэдэу къилъытащ.
Маркиз де Къэрэбасым королыпхъум Iэдэбу икIи гуапэу щыхуеплъэкIым, тIуми лъагъуныгъэшхуэ зэхуащIащ.
И адэми игу ирихьат маркиз щIалэр. Королыр абы гумащIэ къыхуэхъури каретэми иригъэтIысхьащ, ди нэгузыужьым къыхыхьэ, жиIэри.
Джэдури гуфIащ, Iуэхур зэрыхуейм хуэдэу хъурти, икIи каретэм и пэм иувэри нэжэгужэу щIэпхъуащ. Здэжэм, абы къелъагъу мэкъумэшыщIэ гуп мэкъу еуэу губгъуэм иту.
- Ей, Тхьэм и нэфI зыщыхуэнхэ,- жи абы жэрыжэм тету,- мы губгъуэр маркиз де Къэрэбас ейуэ мо королым жевмыIэмэ, фэ псори, дэлэн дэлъхьэм хуэдэу, цIыкIу-цIыкIуу фаупщIэтэнущ! Зыщывмыгъэгъупщэ ар!
Абы хэту пащтыхь каретэр къос, королым и щхьэр кърегъэжри, щIоупщIэ:
- Хэт и мэкъу мы пывупщIыр? –жи.
- Маркиз де Къэрэбас и мэкъущ!-зыжьэу къыжраIэ мэкъуауэхэм: ахэр джэдум и псалъэм Iейуэ игъэшынат.
- Iау, маркиз, сыту щIапIэ гъуэзэджэр уиIэ! – егъэщIагъуэ королым.
- Пэжщ, тепщэ, мы губгъуэм гъэ къэс мэкъу дэгъуэ къытокI,-жи маркизым Iэдэбу.
АпщIондэху джэдур жэм-лъэурэ, жэм-лъэурэ къелъагъу цIыху гуп гуэдз къахыу губгъуэм иту.
- Ей, Тхьэм и нэфIыр зыщыхуэнхэ,-жи, маджэ ар,- мы гъавэр маркиз де Къэрэбас ейуэ мо королым жевмыIэмэ, фэ псори, дэлэн дэлъхьэм хуэдэу, цIыкIу-цIыкIуу фаупщIэтэнущ.
Дакъикъэ дэмыкIыу королыр къосри, мы гуэдз къахыр зейм щIоупщIэ.
- Маркиз де Къэрэбас и гъавэщ!-жаIэ гуэдзыххэм.
Королыр аргуэру маркизым и хэхъуэм щыгуфIыкIащ.
Джэдури мажэ каретэм ипэ иту, зыхуэзэ псоми унафэ яхуещI жаIэн хуеймкIэ: «мыр маркиз де Къэрэбас и унэщ», «мыр маркиз де Къэрэбас и жыг хадэщ»…
Королым хуэмыухыу егъэщIагъуэ маркиз щIалэм и беягъэр.
Ауэрэ икIэм икIэжым джэдур нос уардэ унэ дэгъуэ гуэрым и куэбжэм. Мыбы щыпсэурт иныжь цIыхушх гуэр. Абы нэхъ иныжь бей мы дунем теттэкъым. Пащтыхь каретэр къызэрыкIуа щIыр псори абы ейт.
Джэдум нэхъапэм зригъэщIат а иныжьыр зищIысри, абы и къарур зыхэлъри; иджы куэбжэIутхэм йолъэIу я зиусхьэным деж щIагъэхьэну. Сэ сыблэкIыфынукъым, жи, абы хуэфащэн пщIэ хуэзмыщIу.
ЦIыхушхым ар ирегъэблагъэ хабзэкIэ, цIыхушхым хэлъынкIэ хъу хабзэмкIэ, икIи тIэкIу зыгъэпсэху къыжреIэ.
- Сэ зэхэсхащ,-жи джэдум,-уэ сыт хуэдэ хьэкIэкхъуэкIи зыпщIыфу. Псалъэм папщIэ, аслъэн е пыл зыпщIыф хуэдэу…
- ЗызощIыф!- къыжьэхолъэ абы иныжьыр.- Ар уи фIэщ хъун щхьэкIэ иджыпсту зысщIыни аслъэн. Къеплъыт!
Аслъэныр щилъагъум, джэдур щтэри, псыкъежэхыпIэ бжьамийм зридзри, напIэ дзыгъуэм дэжеящ унащхьэм – ар гугъут икIи шынагъуэт: шырыкъу зыщыгъ джэдум дежкIэ тынштэкъым кхъуэщын джафэм къыщикIухьыныр.
Иныжьыр и сэфэтым ихьэжа нэужьщ джэдур унащхьэм къыщехыжар, икIи бысымым зыхуиумысыжащ щтэуэ лIэ зэрыпэтамкIэ.
- Абы нэмыщIкIи зэхэсхащ,-жи джэдум,-ауэ ар си фIэщ хъункIэ Iэмал иIэкъым – уэ нэхъ псэущхьэ цIыкIу дыдэхэм хуэди зыпщIыфу. Псалъэм щхьэкIэ дзыгъуэ зыпщIыфу. Пэжыр бжесIэнщи, апхуэдэ къэхъункIэ Iэмал имыIэу къызолъытэ сэ.
- IохоIу! КъэхъункIэ Iэмал имыIэу, жоIэ? – къыкIэлъыщIоупщIэ иныжьыр. – Мыдэ къаплъэт-тIэ!
А напIэзыпIэм иныжьыр дзыгъуэ мэхъу. Дзыгъуэжь цIыкIум унэ лъэгум къыщижыхьу щIедзэ, арщхьэкIэ джэдуухъужьыр – джэдур сыт щыгъуи джэдукъэ! – кIэлъыщIопхъуэ абыи, къеубыдри зыIуредзэ
Мис а зэманым королым блэж пэтрэ, гу лъетэ уардэ унэ дэгъуэми, абы щIыхьэну игу къокI.
Джэдум къызэхех лъэмыж къэтэджым къытехьа каретэм и шэрхъиплIым къаIэта Iэуэлъауэр, къапожьэри королым жреIэ:
- Неблагъэ, зи щIыхь ин, маркиз де Къэрэбас и уардэ унэм! – жери. – ДынолъэIу!
- Iау, зиусхьэн маркиз! – егъэщIагъуэ королым. – Мы уардэ унэри ууей? Мы пщIантIэмрэ мыбы дэт псэуалъэхэмрэ нэхъ дахэ къыпхуэгупсысынкъым. Мыр пащтыхь унэ дыдэщ! НакIуэт, хъунумэ, и кIуэцIыр зыхуэдэми девгъэплъыт.
Маркизым и Iэр принцессэ дахэм хуешийри, королым яужь иту ирешажьэ – ар хабзэкIэ япэ итыпхъэтэкъэ.
Щыри зэгъусэу залышхуэ гуэрым щIохьэ – абы пщыхьэщхьэшхэм ирихьэлIэу Iэнэ гъуэзэджэ къыщаухуат. А махуэм цIыхушхым и ныбжьэгъухэр къригъэблагъэрт, ауэ королыр щыхьэщIэу щызэхахым, къыщIыхьэну къракуакъым.
Зиусхьэн де Къэрэбас Iэдэб дахэу хэлъым королыр дахьэхат, ипхъури зэрыдахьэхам хуэдабзэу. Хъыджэбзыр хьэщыкъ хъупат.
ИтIанэ зи щIыхь иным къыгурымыIуэнкIэ Iэмал иIэт маркизым и щIапIэ дэгъуэхэм я уасэр – бжьитху-бжьих ирифа нэужь, абы жеIэ:
- Си малъхъэ ухъуну ухуеймэ, зиусхьэн маркиз, псалъэ жыIи зэфIэкIащ. Сэ сыарэзыщ.
Маркизым Iэдэб дахэкIэ королым щхьэщэ хуещI, пщIэ къысхуэпщIащи Тхьэр арэзы къыпхухъу, жыхуиIэу. А махуэ дыдэми хьэгъуэлIыгъуэр ящIри, щхьэлтетым и къуэм принцессэр къешэ.
Шырыкъу зыщыгъ джэдуухъур къулыкъущIэшхуэ хъури дзыгъуэ ещэн щигъэтыжащ – кIуэ зэштегъэу хуэдэу зэзэмызэххэ къиубыд мыхъумэ, шхынкIэ щымыгугъыу.
| {
"source": "adygabza.ru",
"id": "articles.txt"
} |
ЦIэ зыпIытI хъыджэбзхэр
ГуIэ цIыплъым къызэрегъалъэ сабийм и натIэр
Дунейр и тIэу пкIэгъуэрэ, пщIыхьхэр и псэукIэ къудеуэ
И уэншэкум бгъэдохьэ и шыпхъушхуэ щIэращIэхэр
Я Iэпэхэр псыгъуэ зэкIужу, я Iэбжьанэхэр дыжьыну.
IуагъэтIысхьэ я дэлъху цIыкIур пщэдджыжь щхьэгъубжэIум,
Бгъуэшхуэу, зэIухау, уафэ бзыгъэм гъагъэхэр абдеж щитхьэщIу,
ИтIанэ сабийм уэсэпскIэ зэщIэбырыба и щхьэцым
ЩызрагъакIуэ Iэпэ псыгъуэ, шынагъуэ, къелыгъуейхэр.
ЩIодэIу сабийр и уэрэд, а бэуэкIэ щтэIэщтаблэхэм
Уэсэпсхэмрэ асухэмрэ я гъусэурэ къадэгъагъэу,
Зэпыурей щIэфие макъхэмрэ а ебэуныгухэмрэ,
Уеблэм, я Iупс зэIэпыхым жьэхэмрэ Iупэхэмрэ.
Зэхех нэбжьыц фIыцIэ упIэрапIэхэр – зэрыщэхубзэм къыхэкIкIэ –
А нэбжьыц мэ гуакIуэхэр, итIанэ а я Iэ IэфI къыпкIэрыпщIэхэр.
«ЦIыч», «цIыч» жиIэу щызокIуэ зэпыт зыфIамыгъэщIыурэ
А Iэбжьанэ щIагъуэхэм я зэхуакум, цIэжь цIыкIу гущэм я псэр щат
Аурэ къыщыдовей Iэгубжьэм зы хуэмыхугъэ санэпс,
ПщIыхьэпIэхэр къипщIыхьу, хэIуэщхъукIыу зы пшынэ макъ.
Сабийм и гущIэм къыщещтэ, Iэпэ пэщащэр хэщIыжыным дищтэуэ,
Зэу къыдеуэу, ткIуу, кIуэду, ункIыфIыжу гъуэгыныгу гуэр.
ЗэзыдзэкIар Гуащокъуэ Абдулщ
| {
"source": "adygabza.ru",
"id": "artur.txt"
} |
End of preview. Expand
in Dataset Viewer.
- Downloads last month
- 45